Шыхъуэмрэ пщымрэ

Iуэтэж
Къармэхьэблэ и пщым ХьэтIохъущокъуэ Аслъэнбэч и деж хъыбарегъащIэ къигъэкIуат, молдованхэр адыгэ хэкум къеуэну иужь зэритыр къыжриIэн хуейуэ. Ауэ, ХьэтIохъущокъуэр дэстэкъыми, хъыбарыр абы и шыхъуэ Шурдым Пщымахуэ хуиIуэтащ. «Пщым схужеIэж», - апхуэдэу елъэIури, ежьэжащ.
ХьэтIохъущокъуэ Аслъэнбэч гъуэгу техьэху Пщымахуэ гъусэ хуэхъурт, абы и хьэпшып куэд и шым кIэрыщIауэ хуигъэIэпхъуэрт. Ауэ мы зэм…
Пщыр къэсыжу хъыбарыр щыхуиIуэтэжым, шыхъуэр гъусэ хуэхъун хуейуэ абы унафэ ищIа щхьэкIэ:
- СынэкIуэфынукъым, - жеIэ Пщымахуэ.
- Сыт къэхъуар? - щIоупщIэ ХьэтIохъущокъуэр.
- Уанэ сиIэкъым…
- Си уанэр теплъхьэнщ, унэмыкIуэу хъунукъым, - жеIэ пщыми, ахэр зэгъусэу гъуэгу тохьэ.
Шурдым Пщымахуэ лIышхуэт, Iэчлъэчт. Гъуэгу техьэну зэрыхуэмеям къыхэкIыу, зауэм здэкIуэм, щIалэгъуалэм абы хуаус мыпхуэдэ уэрэд:
 
УеплъынкIэрэ, пащIэ сырыхущ,
Хуэмыху псоми я щIэгъэкъуэнщ,
Шурдым и къуэкIэрэ Пщымахуэ цIыкIу.
 
Апхуэдэурэ, ауан ящIурэ молдованхэм щезэуэн хуей губгъуэм нэсахэщ. Ауэ а зауэм ХьэтIохъущокъуэм хыхьэн идакъым.
Молдованхэр иракъухьу зэбграхуа нэужь, бийм щыщу къэнаIамэ зыфплъыхь жаIэри, щIалэгъуалэр зэбграгъэкIат. Абыхэм къагъуэтыжащ Шурдым Пщымахуэр. Ар шууей 40 хуэдизым къаувыхьауэ, и закъуэ яхэзэухьу яхэтт. А зэманым фоч щыIами, мыхьэнэншэт, сэшхуэрат нэхъыщхьэри, абы Пщымахуэ хуэIэрыхуэт.
КъэкIуахэр къыдэIэпыкъущ, Пщымахуэр текIуэри, зэгъусэу къагъэзэжащ нэхъыжьхэм я деж. Абы хузэхалъхьар къэнащ Шурдым Пщымахуэ и уэрэду, ауэ ХьэтIохъущокъуэ Аслъэнбэчи и Iыхьэр «лъагъэсыжащ»:
 
ХьэтIохъущокъуэурэ лIы фIыцIэ фагъуэ, 
Уэ, щIы нагъуэр зытегъуэгэн,
Зыгъази, зы шэр къахэдзэ,
Зегъэзыхи, зы хьэдэр къащтэ,
Напэншэурэ умыкIуэжынум.
 
Апхуэдэт пасэрей адыгэм и псэукIэр: лъэпкъ Iуэху щыIэу зымащIэкIэ зыщIебгъэхамэ, уэрэд пхуаусынти, уи напэр трахынт.
Адыгэ хэкум къеуэну молдованхэр а зэращ къызэрыкIуар, абы иужькIи зэи къытрагъэзакъым. Игъэшынауэ къыщIэкIынт ахэр шууей 40-м и закъуэу пэувыфа Шурдым Пщымахуэ. 
ХьэфIыцIэ Мусэбий.
Поделиться: