Тхыгъэ кIэщIхэр

Щытхъуащ 
- СщIа сурэтхэр плъэгъуа?
- Слъэгъуащ.
-АтIэ дауэ къыпщыхъуа?
- Шырыкъу Хъызыр ейхэм нэхърэ нэхъыфIщ.
- Iагъу, ар дауэ? Шырыкъум сурэт ищIыркъым.
- Сэри аращ щIыжысIэр.
 
Чэзу зимыIэ щыIэкъым
ПщIантIэр ихъумэу епхауэ зи гъащIэр зыхьа, жьы хъууэ зи пщэм пщэхъур ирахыжу яутIыпщыжа хьэр иджы зыкIи хуеижтэкъым апхуэдизрэ зыщIэхъуэпса хуитыныгъэм. ЩIэст ар иджыри къэс зыщIэса, зэса хьэунэм. Ауэ куэд дэмыкIыу абы къыщIахуащ. Пщэхъу илъу пщIантIэм дэтт а унэм дяпэкIэ щIэсыну хьэ щIалэ лъэщыр.
 
Езыри ираупщIыкIынущ
ЖыгитI зэбгъэдэтым языр къагъэуати, адрейр гуфIэрт, «иджы си лъабжьэм уэшхыпс нэхъыбэ щIыхьэнщ!» - жиIэу. Ар егупсысыртэкъым езыри зэгуэр зэрыраупщIыкIынум.
 
Шынагъуэр
Мэл хъушэр щIакъуэншэ хъуркъым, жаIэ. Ар шынагъуэкъым. Шынагъуэр а щIакъуэр хъушэм и пашэ хъумэщ.
 
Псым и жапIэ къегъуэтыж
Гъатхэм къиуа къуршыпсым и Iуфэр пхритхъщ, и псыхъуэр къигъанэри, жапIэщIэ ищIащи, къыпхуэщIэжынкъым игъащIэ лъандэрэ абыкIэ ежэхыу щытауэ фIэкIа. Зеиншэу къэнащ телъа лъэмыжхэр. АбыхэмкIэ зыри имыкIыжурэ, удзыжь къатекIэжащ.
 
«Махъшэ»
Хамэбзэхэм къикIыу къэтщта псалъэхэр «егъэкIыщтэн», «егъэхьэжын» хуейщ, ди бзэм и сэфэтым изэгъэху, дыдей хъуху. Апхуэдэу дымыщIмэ, хамэ псалъэхэр къыхэпIиикIыу хэтынущ, мэл хъушэм хэт махъшэу. Мы зэманым сыт хуэдиз «махъшэ» хэт ди бзэм!
 
Ныбжьым елъытакъым
Балигъ ухъуным къикIыркъым Iущ ухъуауэ. Сыт хуэдиз балигъ дунейм тет Iущыгъэ лъэпкъ ябгъэдэмылъу! Абы щыгъуэми я ныбжькIэ балигъ мыхъуауэ Iущыгъэшхуэ къэзыгъэлъагъуэхэр мащIэкъым.
Къагъырмэс Борис.
Поделиться: