Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

2023 гъэм ияпэ илъэс ныкъуэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и республикэ бюджетыр гъэзэщIа зэрыхъуам теухуауэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм ищIа отчетым и IуэхукIэ
2023 гъэм и япэ илъэс ныкъуэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и республикэ бюджетыр (адэкIэ къызэрыкIуэнур республикэ бюджетущ) гъэзэщIа зэрыхъуам теухуауэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм ищIа отчетым хэплъауэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым къыхегъэбелджылыкI хэхъуэхэмкIэ сом мелуан 58180,3-рэ хъууэ илъэс хъурейм планымкIэ тещIыхьахэр сом мелуан 31641-рэкIэ е илъэс хъурейм тещIыхьа планымкIэ процент 54,4-кIэ, абыхэм планкIэ сом мелуан 14975,6-рэ хъууэ, федеральнэ бюджетым къыхэкIын хуей финанс дэIэпыкъуныгъэхэм щыщу къаIэрыхьа сом мелуан 7866-р е процент 52,5-р хэмыту, гъэзэщIа зэрыхъуар. Республикэ бюджетым къыхэкI хэщIхэр сом мелуан 2991,9-рэ е процент 47,1-рэ хъуащ. Отчет лъэхъэнэм хэхъуэхэр хэщIхэм нэхърэ сом мелуан 1849,1-рэ нэхъыбащ
ИпэкIэ къэтахэр я лъабжьэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:
2023 гъэм и япэ илъэс ныкъуэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и республикэ бюджетыр гъэзэщIа зэрыхъуам и IуэхукIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ищIа отчетыр зэгъэщIэн.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ
Налшык къалэ
2023 гъэм жэпуэгъуэм и 3-м
№755-П-П

 

Поделиться: