Ди егъэджакIуэхэм ядоплъей

Къэрал Думэм и Унагъуэм, цыхубзхэмрэ сабийхэмрэ я IуэхухэмкIэ комитетым и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Буцкая Татьянэрэ депутат Останинэ Нинэрэ УФ-м егъэджэныгъэмкIэ и министр Кравцов Сергей лъэIу тхылъкIэ зыхуагъэзащ Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщагъэщхьэпа бзэ егъэджыкIэ Iэмалым къэралым зыщрагъэубгъуну.

Урысейм хамэ къэралхэм къикIыурэ цIыху куэд лэжьакIуэ къоIэпхъуэ иужьрей зэманым. Абыхэм я сабий урысыбзэ зымыщIэхэр школхэм щIэтIысхьа нэужь, егъэджакIуэм жиIэр къагурыIуэркъым, - щыжеIэ Буцкая Татьянэ и лъэIу тхылъым. - Ди къэралым щекIуэкI жылагъуэ гъащIэм, школ гъэсэныгъэмрэ егъэджэныгъэмрэ хэпщIа мыхъуу, апхуэдэ сабийхэм гуп щхьэхуэхэр зэрагъэпэщ, щIэныгъи ягъуэтыркъым. Ауэрэ хэкурысхэмрэ хамэ къэралхэм къикIахэмрэ зэпэщIоувэри, Iуэхур зэзэуэным хуокIуэ. Татьянэ депутатхэр къыхуриджащ хэкIыпIэ гуэр къэгъуэтын зэрыхуейм.

2021 гъэм гъатхэпэм и 30-м УФ-м и Президентым къыдигъэкIа УнафэмкIэ егъэджэныгъэм епха IэнатIэ зыIыгъ къулыкъущIэхэм къалэн ящищIащ хэхэс еджакIуэхэм урысыбзэр нэхъ тыншу зрагъэщIэн папщIэ, хэкурысхэр ебэкIыу, хамэхэр нэхъ яхэшыпсыхьын хуэдэу, нэхъ зэщыщхъуу зэхагъэтIысхьэну, щIызэпэщIэувэнкIи хъуну щхьэусыгъуэхэр къэмыгъэхъеинми хуэсакъыну. КъинэмыщIауэ, 2022 гъэм и накъыгъэм къыдагъэкIа «Методикэ чэнджэщхэм» иратхащ: «Иужьрей зэманым хамэ къэралхэм къикIыу Урысейм лэжьакIуэ къэIэпхъуа унагъуэхэм щыщ сабийхэм урысыбзэ ящIэркъым. Абы къыхэкIыу, анэдэлъхубзэкIэ мэпсалъэ, ягъэныбжьэгъури езыхэм я лъэпкъэгъухэрщ. Урысейм щекIуэкIым хащIыкIыркъым. ЩытыкIэр ухэзыгъаплъэщ. Псалъэм папщIэ, Волгоград щыщ школхэм я зым егъэджакIуэм фIэкIа урысыбзэкIэ псалъэу классым зыри щIэмысу къыщыщIэкIауэ щытащ».

«Урысейм и къэрал хабзэм зэхъуэкIыныгъэ щхьэхуэ хэдмылъхьэу, сабийхэм я бжыгъэр зэдгъэзахуэ къудейкIэ тхуэгъэзэщIэну пIэрэ Президентым и унафэр? - захуигъэзащ Буцкая Татьянэ депутатхэм. - Сыту жыпIэмэ, егъэджэныгъэм и Iуэху зезыгъакIуэ къэрал хабзэмкIэ, сабийр школым къыщIумыщтэн щхьэусыгъуэу щыIэр зы закъуэщ: щIэсхэм я бжыгъэр ирикъуамэ. Ауэ мы сабийхэм я адэ-анэхэм «урысей гражданствэ» яIэщи, «хьэуэ» яжепIэну ухуиткъым». Татьянэ хэкIыпIэу елъагъу урысыбзэ зымыщIэ хэхэс сабийхэм хэкурысыхэр нэхъыбэу яхэбгъэтIысхьэ зэрыхъунум нэмыщI, хамэбзэ фIэкIа зымыщIэхэм гуп щхьэхуэхэр къахэпщIыкI зэрыхъунуми. «КIэщIу жыпIэмэ, дапщэ-дапщэу зэхэбгъэтIысхьэ хъуну урысыбзэр зи анэдэлъхубзэ хэкурысхэмрэ хамэбзэм фIэкIа хуэмышэрыуэхэмрэ?» - щIоупщIэ Татьянэ.

Жэуапым хуэхьэзыру къыщIэкIащ КПРФ-м и депутат Останинэ Нинэ. Ар зэреплъымкIэ, класс къэс урысыбзэкIэ мыпсэлъэфыххэу е абы хащIыкIышхуэ щымыIэу, сабиитI-щы щIэс хъунущ. Останинэми игу къигъэкIыжащ егъэджакIуэхэмрэ урысыбзэ зымыщIэ сабийхэмрэ зэрызэдэмылэжьэфам и щыхьэту къэув нэгъуэщI щапхъэхэр. ИтIани, хэкIыпIэ къэгъуэтыпхъэщ. Апхуэдэ дыдэ щытыкIэм ихуауэ щытащ 90 гъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым къэIэпхъуа курдхэмрэ тырку-месхетинцхэмрэ езыгъаджэхэр. А республикэм къыщагъэсэбэпа Iэмалыр къэрал псом хабзэу къыщыпщтэ хъунущ, Останинэм зэрыжиIэмкIэ. ЦIыкIухэм егъэджакIуэм урысыбзэкIэ жиIэр къагурыIуэртэкъыми, я Iыхьлыхэр классым щIэсыну хуит ящIауэ щытащ, дерсым щекIуэкIыр хузэрадзэкIыжу. Утыку кърахьащ Останинэм «Движение первых» зэгухьэныгъэм и унафэщI Гуров Григорий зэрызыхуигъазэ тхыгъэр.

 «ЩIыхь зыхуэтщI Григорий Александр и къуэ! – дыкъыщоджэ а дэфтэрым. - Иужьрей зэманым урысей егъэджакIуэхэр гугъу ирегъэхь хамэ къэралхэм къикIыу лэжьакIуэ къакIуэ цIыхухэм я бынхэм урысыбзэ зэрамыщIэм, ахэр урысей школхэм зэрыщемыджэфым. Иужьрейуэ ди нэгу щIэкIа щапхъэщ Волгоград пэгъунэгъу Аэропорт жылагъуэм дэт школ №33-м щIэс еджакIуэхэм илъэс псокIэ ядэлэжьа нэужь, жиIэр къазэрыгурымыIуэм къигъэгубжьу, егъэджакIуэм ахэр иригъэджэн зэримыдэжар. Ауэ щыхъукIэ, ди къэралым апхуэдэ сабийхэм уазэрыдэлэжьапхъэ Iэмалхэм фIыуэ щыхащIыкI, нобэрей щытыкIэм къызэрикIын гъуэгури щагъэунэхуащ. 1990 гъэм Азербайджаным къикIри Къэбэрдей-Балъкъэрым къэIэпхъуауэ щытащ тырку-месхетинцхэмрэ курдхэмрэ. А унагъуэхэм щыщ сабийхэм урысыбзэ ящIэртэкъым, егъэджэныгъэ Iуэхур икIэщIыпIэкIэ зэтеублэн хуейт. Арати, егъэджакIуэм жиIар цIыкIухэм жраIэжын папщIэ, школым я адэ-анэхэмрэ еджакIуэ нэхъыжьхэмрэ къагъакIуэу щытащ. «Движение первых» зэгухьэныгъэм «БзэмкIэ ущиякIуэхэр» зэщIэхъееныгъэ зэхиублэу, а Iэмал дыдэр иджыри къигъэщхьэпэфынущ. Абы къыхэкIыу, дыныволъэIу Къэбэрдей-Балъкъэрым урысыбзэ зымыщIэ сабийхэм зэращыдэлэжьа Iэмалхэм щыгъуазэ зыфщIу, «БзэмкIэ ущиякIуэхэр» Iуэхум и ужь фихьэну».

Я цIэ къитIуэпэнуми, дэ тцIыхуркъым нобэ ди республикэм и цIэр фIыкIэ жезыгъэIа, къэралыр къыдэзыхыжыну къафIэзыгъэщI хэкIыпIэр зигу къэкIа егъэджакIуэхэр. Хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, а Iуэхур нэхъыбэу щекIуэкIар Псыкуэд, Чернэ Речкэ, Шытхьэлэ хуэдэ къуажэхэу тырку-месхетинцхэмрэ курдхэмрэ зыдэтIысхьахэрщ. Я хъыбар фщIэрэ къэдвгъащIэмэ, дэри фIыщIэм дыщысхьынтэкъым.

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: