Мэзхэр къагъэщIэрэщIэж2023 гъэм и щэкIуэгъуэ мазэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэзхэм щыхасэнущ жыг зэмылIэужьыгъуэу мин 37-рэ. Абыхэм ящыщу 34500-м республикэм и мэз фондым хагъэхъуэнущ - гектар 17-м щагъэтIысынущ. Къанэ 2500-р щыхасэнущ республикэм и жылэхэм къедза щIыпIэхэм, цIыху зыгъэпсэхупIэхэм, къалэ паркхэм. А лэжьыгъэхэм республикэм щыщу цIыху минищым щIигъу къыхашэну я мурадщ. Апхуэдэ Iуэхухэр къыщыхалъхьэкIэ ди цIыхухэр яфIэфIу хэтщ. Жыгхэр хэсэным пыщIа Iуэхухэр ирагъэкIуэкI «Мэзыр тхъумэнщ» къэрал программэм ипкъ иткIэ. ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться:
Читать также:
18.05.2024 - 10:48 →
Унагъуэращ Хэкур къыщежьэр
17.05.2024 - 17:37 →
ЗыплъыхьакIуэм и еплъыкIэ
17.05.2024 - 15:35 →
Мазищым кърикIуахэр
17.05.2024 - 12:26 →
КъэкIыгъэхэм я нэIэ тетщ
16.05.2024 - 19:35 →
ГукъэкIыжхэр гъащIэм щыщу
|