Турист гъуэгуанэхэмкIэ зэдэгуэшащ

«Визэ» хуэIухуэщIэхэр хэмыту Урысейм зыщаплъыхьыну хуит ящIа Ираным и делегацэр япэу иригъэблэгъащ Ставрополь щIыналъэм. Ахэр а щIыпIэм зэрыщыIа зы тхьэмахуэм къриубыдэу зрагъэлъэгъуащ Кавминводы къалэр, Шэшэным, Дагъыстэным, Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыпIэ нэхъ дахэхэр.

- Апхуэдэ хуитыныгъэм и фIыгъэкIэ Урысейм и щIыналъэхэм туризмэм нэхъри зыщиужьынущ, езы Иран къэралыгъуэм щыпсэухэми Iэмал ягъуэтынущ ди къэралым теухуауэ нэхъыбэ къащIэну, ди зыгъэпсэхупIэ щIыпIэхэм зыщаплъыхьыну, - жиIащ хьэщIэхэр шыгъупIастэкIэ езыгъэблэгъа, Ставрополь крайм нэгузыужьынымрэ узыншагъэр егъэфIэкIуэнымкIэ и министр Толбатов Андрей.

Иранымрэ щIыналъэм и туроператорхэмрэ зэгъусэу яубзыхунущ зыгъэпсэхуакIуэхэр зыхуей турист гъуэгуанэхэр. Абы теухуа программэр Псыхуабэ и курортхэмкIэ яублащ. Ахэр яшащ Провал гуэлым, «Цветник» паркым, кIапсэ гъуэгумкIэ Мэшыкъуэ бгым дашащ. ХьэщIэхэм я къэкIуэгъуэм дунейри уэфIу ирихьэлIащ икIи ахэр хьэщыкъ ищIауэ зыщаплъыхьащ метр 993-рэ зи лъагагъ щыгум. Абыхэм зэуэ я нэм къыфIэнащ а щIыпIэм зыщызыплъыхьхэм езыхэр къыздикIа къэралхэм, къалэхэм я фIэщыгъэхэр къызэрыщыгъэлъэгъуам икIи абыхэм хатхащ я къалащхьэ Тегерани. А къалэ жыжьэм къыщыщIэдзауэ Псыхуабэ нэс километр 1168-рэ дэлъщ - ари къыщагъэлъэгъуащ пхъэбгъум. Нартсанэ хьэщIэхэм щрагъэлъэгъуащ псыхущхъуэхэмкIэ цIыхухэм щеIэзэ комплексыр, хьэщIэщхэр.

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iуащхьэмахуэ лъапэр, Шэшэным и Нихалоевскэ псыкъелъэхэр, Дагъыстэным тхыдэ жыжьэрэ къулейрэ зиIэ и Дербент къалэр - псори ягу ирихьащ хьэщIэхэм. Ираным и зыплъыхьакIуэхэр ди щIыпIэхэм щыщыIа махуэхэм Урысейм щыщ гуп апхуэдэ дыдэу а къэралым ирагъэблагъэри зыщрагъэплъыхьащ.

ШЭРЭДЖ Дисэ.
Поделиться: