НОБЭ

ЩэкIуэгъуэм и 10,  мэрем

         Мамырыгъэмрэ зыужьыныгъэмрэ яхуэлажьэ щIэныгъэм и дунейпсо махуэщ

Бухгалтерым и дунейпсо махуэщ

ЩIалэгъуалэм я дунейпсо махуэщ

Урысей Федерацэм Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и органхэм я лэжьакIуэм и махуэщ

1741 гъэм Черкасский Алексей (адыгэпщ) Урысейм и канцлеру ягъэуващ.

1926 гъэм къалъхуащ шыхъуэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Къалмыкъ Хьэжмурат.

1933 гъэм къалъхуащ журналист, тхакIуэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и къудамэм и унафэщIу илъэс куэдкIэ щыта Шыбзыхъуэ Мухьэдин.

1947 гъэм къалъхуащ техникэ щIэныгъэхэмкIэ  доктор, КъБКъУ-м и ректору щыта, УФ-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къарэмырзэ Барэсбий.

1964 гъэм къалъхуащ мэкъумэш щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъМУ-м и профессор Шал Тимур.

 

Дунейм и щытыкIэнур

         «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу  щыщытынущ.  Хуабэр махуэм   градуси 10 – 12, жэщым градуси 2 - 6 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

 

Ди бжэIупи лъагъуэ Iуохьэ.

 

Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.

 

Поделиться:

Читать также:

03.05.2024 - 09:08 НОБЭ
02.05.2024 - 12:21 НОБЭ
27.04.2024 - 09:56 НОБЭ
25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ