ЩЭКIУЭГЪУЭ, ЩАКIУЭ

Бзэм и щэхухэр

«ЩэкIуэгъуэ мазэм» сыт къикIыр? ЩакIуэ щыкIуэ мазэ жиIэу аращ, шэч хэмылъу. «ЩакIуэм» къикIыжыр сыт-тIэ? Сыт хуэдэ щэху къаIуатэр а псалъэр зэрызэхэлъ пкъыгъуэхэм?

ЩакIуэ кIуэр губгъуэм пэгъунэгъуу щыпсэу, псэущхьэхэм ещэ, ишхыныр къиубыдын, къиукIын папщIэ зекIуэ ежьэрщ. Ауэ, щещэнум деж нахуэу ещэтэкъым, атIэ щэ-ху-у ещэрт. ЩэкIуэным щэхугъэ хэлът. Щэ-ху-у кIуэт, щэ-ху-у кIуатэрт.

Псэущхьэр къиукIыну ещэн папщIэ, «щэхуукIуэ», «щэхуукIуэн» псалъэм къытехъукIауэ, макъ щабэ «ху»р псалъэм дэхуу, «щэкIуэ», «щакIуэ» жиIэу гъэкIэщIа хъуауэ, жыIэгъуафIэм нэсауэ хузогъэфащэ. Зыщывмыгъэгъупщэ - дызытепсэлъыхьыр пасэрей псэукIэ, щакIуэ кIуэным фIэкIа нэгъуэщI лэжьыгъэ цIыхум щимыIа мывэ лъэхъэнэрщ, ди адыгэбзэр убзыхуа, псыхьа щыхъуа зэманырщ.

ЩакIуэр нэху щауэ, и нэм илъагъу щыхъум дежт щежьэр. «Ща» пычыгъуэм къегъэлъагъуэ ар.

ХА, ХЭ, ХИ, ХЫ, ХУ

Мы тхэпкъ макъхэмкIэ щIэзыдзэ псалъэ куэд зэрыдиIэр дощIэ. Зыдохьэ а псалъэхэр. Ауэ и къежапIэр, къыджиIэр къыдгурыIуэу пIэрэ? Зэ дыхэплъэнщ…

ХАдэу ХАдэхэкIхэр зыХЭтлъхьэр, зыХЭтщIэр дэнэ деж?

ХАбзэр ХАмэми, ХЭгъэрейми дэнэ щызэрихьэр?

ХЭку, ХЭгъэгу жытIэмэ, дэнэ дыщылъыхъуэнур?

ХЭзыдыкIым ХИдыкIыр зы щIыпIэм и щIыIу?

ХЫр дощIэ - псышхуэщ, щIимыгъанэ щIыр - ХЫтIыгущ.

НэХУ, кIэХУ, ХУабэ псалъэхэр дэнэ щIыпIэ щызетхьэр?

Щапхъэу къэтхьа мы псалъэхэм ягъэлъагъуэр зы щIыIу, зы щIыпIэ, зы щIыгу, зы щIыналъэ, зы тетыпIэ, зы тесыпIэ, зы псэупIэщ. Уэгум и лъабжьэу, къэкIри, къэмыкIри, псэущхьэхэри, цIыхури здэщыIэ щIыпIэщ.

ЗызыIуэтэжыф мы ди бзэм и ныбжьыр ямыщIэу дыгъуасэ къежьауэ зыфIэщIхэм, мы бзэм сыт къысхуищIэнур жызыIэхэм, мы тхыгъэр зэрыпсыхьа щапхъэм тету иджыри псалъэ зыбжанэ зэпкърахыфатэмэ, къагурыIуэнут адыгэбзэр макъыбзэу, щIыуэпсым къыдэхъуауэ зэрыщытыр.

ТХЬЭМАДЭ

«Тхьэмадэ» псалъэр фIэщхъуныгъэ псалъэщ.

Къыщежьэжри ижь-ижьыж зэманырщ. Тхьэр Iуащхьэмахуэ и щыгум тесу къащыхъурэ, абы Iэщ драхуейрэ, лъагапIэм щаукIыу, Уэм и щхьэу къащыхъу къуршхэр тхьэелъэIупIэ ящIу, абдеж щызэхыхьэу щыщыта лъэхъэнэрщ. А къуршхэм щыIэ тхьэелъэIупIэхэм, фIэщхъуныгъэм фIыуэ щыгъуазэ, абы и лэжьакIуэхэр тест, тхьэунэ щаухуарэ ар я псэупIэу.

ЦIыхухэм я тыхьыр тхьэелъэIупIэм нэс дахурт, щыфIагъэжырти, лъыр тыхь зыщIам и натIэм щахуэрт. «Фэ къыфлъысыр вгъэзэщIащ, иджы Тхьэм деж фэ фыдэкIыфынукъыми, тыхьыр дэ фхунэдгъэсынщ», - жаIэу, а лэжьыгъэ хьэлъэр тхьэ унэм и лэжьакIуэхэм ягъэзащIэу къалъытэрт цIыхухэм. Тхьэм пэрыхьэфу къалъытэрт «тхьэмадэ» жыхуаIэу, тхьэунэм и лэжьакIуэ нэхъыщхьэр.

И къежьапIэмрэ, и нобэрей зехьэкIэмрэ зихъуэжами, зи псалъэ пхыкI, пщIэ-нэмыс зыхуащI нэхъыжьхэм, къигъэщIа гъащIэм хилъэгъуахэм къыхэкIыу, гъащIэм къыдекIуэкI хабзэхэм щыгъуазэ нэхъыжьхэми «тхьэмадэ» хужаIэ хъуащ. Сэр папщIи тхьэмадэ жаIэ, ауэ сэ сытхьэмадэкъым, псалъэм щIэлъ пасэрей мыхьэнэр къапщтэмэ. НэхъыщIэхэм саринэхъыжьу аркъудейщ!

Псалъэхэм я къежьапIэхэр тщIэмэ, ар нэхъ игъуэу зетхьэнщ жызоIэ.

«Пщы», «гуащэ» псалъэхэми я къежьапIэри, къикIри дымыщIэу, хуэдгъэфащэ защIэу зыдохьэ.

Мы махуэхэми «тхьэмадэ» псалъэм папщIэ цIыхухэр зоныкъуэкъу: бзылъхугъэр Тхьэмадэ хъуфын, мыхъуфын жаIэу. Нэхъ убгъуауэ еджэну зыфIэфIхэм «ЩIыуэпсыбзэ», «ФIэщхъуныгъэм и бзэ» тхылъхэм хэвгъуэтэнущ абы и жэуапыр.

ТОКЪМАКЪ Айдын.
Поделиться: