Асадов Эдуард и сатыр мыкIуэдыжынухэр

          Усэбзэм дихьэхыу, Асадов Эдуард и цIэр зэ мыхъуми зэ зэхэзымыха ис къыщIэкIынкъым Урысейм. Совет цIыхубэм я гупсэу къекIуэкIа усакIуэр фокIадэм и 7-м къызэралъхурэ илъэси 100 ирикъуащ. Ар ди щхьэусыгъуэу, Асадовым и гъащIэ гъуэгум дроплъэж.

         Усэ дахэ зэритхым нэмыщI, Асадовыр нэхъ лейуэ псэм ирегъэхуэбылIэ илъэс 17 фIэкIа мыхъуу здэкIуа Хэку зауэшхуэм фэбжьышхуэ хихауэ зэрыщытам. «Маскэ фIыцIэ зыIулъ усакIуэ» абы щIыфIащар лагъым къэуам и зэранкIэ и нитIыр зэрыфIэкIуэдарщ. НэгъуэщI цIэ леи иIэщ Асадовым: «унэгуащэхэм папщIэ усакIуэ». Абы кърагъэкIыр утыкум нэхъыбэрэ щагъафIэ, уей-уей жезыгъэIэ усакIуэшхуэхэм елъытауэ, Асадовым уэршэрыбзэр нэхъ къызэригъэсэбэпырт, зытепсэлъыхьри «къуажэдэс гупсысэхэрт», ущие къабзэу щыт усэхэмкIи ерыщт. «Дидактикэ усыгъэкIэ» зэджэ а хъэтIыр литературэм зэманым къыкIэрыхуа тхэкIэу къыщалъытэ, ауэ тхылъ къэзыщтагъащIэ ныбжьыщIэм дежкIэ ахэр уасэ зимыIэ хъугъуэфIыгъуэщ. Асадовым хузэфIэкIырт пхъум - анэм, адэм - къуэм, цIыхубзым - лIым е лIым – и щхьэгъусэм жримыIэф гуэрхэм бзэ къахуигъуэту сэтей къищIыну. Си щхьэкIи гукъэкIыж гуапэ яхузиIэщ Асадовым и усэхэм. Ебланэ классым дыщIэсу, урысыбзэми дыхуэмышэрыуащэу, литературэ дерсхэм дызыщеджэ усэхэр гъащIэм тхуемыпхыу, япэу Асадовым и тхылъ гъуэтыгъуейхэр тхыдэмкIэ ди егъэджакIуэу щыта Къарэжь Владимир дигъэцIыхуауэ щытащ. «Фыхуэсакъ, фымыгъэкIуэд», - жиIэурэ, зи напэкIуэцIхэр укъуеиным нэса тхылъыр къытIэщIилъхьэри, нэгъуэщI дуней къытхузэIуихат.  «Куэд зылъэгъуа» а тхылъ цIыкIум ди егъэджакIуэми псэкIэ дыпищIат. Ди къуажэдэс урысыбзэми къитIасэрт псалъэ гугъу къэзымыгъэщхьэпэ Асадовым и усэхэр. Нобэр къыздэсым абы и зы сатыри адыгэбзэкIэ зэрыдимыIэр нэмыплъысыныгъэщ, сыту жыпIэмэ, адыгэ гъэсэныгъэм иджыри усэбзэм иримыгъэзэгъэфа куэдым усакIуэм и гупсысэкIэм ущыхуозэ.

      «ЦIыхубэ классикэ», «лъэпкъ усакIуэ» жыхуаIэхэм хуэдэ хъуащ иджы Асадовым и усэхэр. IуэрыIуатэ хъужа абы и сатырхэр уэрамым урикIуэурэ япэ къэсым къыжьэдэпшыфынущ. «Мыхьэнэ зимыIэ зэдауэхэр», «Сэ куэдрэ сыппэплъэфынущ», «Дыпсэуху, псори тхуэхъуэжынущ», «ЦIыхухэм Iей гуэр щадэслъагъукIэ»...  Махуэ къэс узыIуплъэ блынхэм тестхарэт зыхужыпIэфыну куэд яхэтщ усакIуэм и усэ цIэрыIуэхэм. Псалъэм папщIэ, «Мыхьэнэ зимыIэ зэдауэхэр» усэм щыщ сатырхэр жыIэгъуэ шэрыуэ защIэу зэтепщыпыкIыфынущ: 

КхъыIэ, зэфIэнахэр фызэкIуж!

Маржэ, цIыхухэ! Дымыбэлэрыгъыу,

Щхьэж ди унэм щыдвгъэухуэ мамырыгъэ! 

        Апхуэдэ сатырхэр цIыхубэ усэ мыхъункIэ Iэмал иIэкъым, сыту жыпIэмэ, сыт хуэдэ лъэпкъ гъэсэныгъэми мыхьэнэ зрит нэмысым, зэхущытыкIэ гумащIэм, пэжыгъэм, къабзагъэм, щабагъэм ятеухуащ.

ЗыцIыхуахэм зэрыжаIэжымкIэ, Асадовым и усэхэр хэIущIыIу хъуным  хуэщхьэпащ абыхэм езым и цIыху щIыкIэр, и псэ къабзагъыр, фэрыщIыншагъыр къахэщу зэрыщытар. Ар къыхощыж цIыхубэм я пащхьэм иту къыщыщыпсэлъахэми. Лъагъуныгъэм, зэхущытыкIэ дахэм, Хэкум, ныбжьэгъугъэм, пэжыгъэм ятеухуа Асадовым и усэхэр инми цIыкIуми гукIэ ящIэ. Нобэ куэд хъуа, усэ къыщеджэ нэтынхэми мы усакIуэм и IэдакъэщIэкIхэм дыщрохьэлIэ.

       Асадов Эдуард дунейм къыщытехьар Тыркумэн, иныкъуэхэм зэрыжаIэмкIэ, Туркестан ССР-м хыхьэ ермэлы унагъуэщ. И адэ-анэр егъэджакIуэу лажьэрт, арщхьэкIэ сабийр илъэситху фIэкIа мыхъуу, и адэр дунейм ехыжри, зэанэзэкъуэр Свердловск Iэпхъуэжащ, щIалэм курыт школыр къыщиухари аращ. УсакIуэ гъуэгур къыхихынымкIэ Асадовым чэнджэщэгъурэ тегъэгушхуэгъурэ къыхуэхъуар и ермэлы адэшхуэ Курдов Иванщ. Илъэсийм усэ зэхилъхьэн щIэзыдза Эдуард зауэми а Iуэхум щыпищащ. 1943 гъэм Асадовыр лейтенант ящIри, Кавказ Ищхъэрэ фронтым ягъэкIуащ. Ныбжьышхуэ имыIэрэ пэт, офицер, иужькIэ – жыжьэрыуэ топхэм хуэIэзэ артиллерист хъуат щIалэр, ауэ зауэ губгъуэм ар щыхэхуащ къыхуэна гъащIэм и IэфIыр щIэзыха бэлыхьым.  И фэбжьыр къызыхиха зэхэуэр къыщыхъуар Севастополь дежщ, 1944 гъэм: и ныбжьэгъумрэ езымрэ машинэшхуэм ису артиллеристхэм топышэ хуашэрэ пэт, гъуэгур IупщIу хэплъагъукIыртэкъыми, Эдуард къикIри, рулыр зыIыгъ и ныбжьэгъум здиунэтIынур иригъэлъэгъуащ. Асыхьэтым лагъым къауэри, Асадовым и нитIри фIэкIуэдащ. Псори зэхэту, сымаджэщым илъэсрэ ныкъуэрэ щигъэкIуащ щIалэм, 12-рэ операцэ ящIащ. Абдежым щегъэжьауэ зыIуилъхьа маскэр унэм фIэкIа щыIуихыу щытакъым.

         ГъащIэ зиIэм и насыпри гъуащэркъым. Псэуну хуэмеижын хуэдизкIэ зигурэ зи щхьэрэ зэбгъэжа Асадовым гухэлъым и насып хэлъу къыщIэкIри, быни игъуэтыжащ. УсакIуэм нэ хуэхъуауэ къалъытэ абы гъащIэ гъусэу иIа Разумовская Галинэ.

        ЦIыхум Iэзагъыр къыдалъхуу жаIэ щхьэкIэ, щхьэхынагъыр зытекIуэм и зэчийм зиужьыркъым. Асадовыр пщэдджыжьым жьыуэ къэтэджырти, усэ зэхилъхьэн щIидзэрт. Хьэзыр хъуар магнитофоным иригъэтхырт, итIанэ езым зызригъэсэжа, зымылъагъухэм папщIэ яубзыхуа IэмалымкIэ къищыпыжырт. ИужькIэ усэхэм и щхьэгъусэр еджэжырти, тхылъ ирикъуа нэужь, тедзапIэм яхьырт. Горький Максим и цIэр зезыхьэ литературэ институтыр къиухыжащ усакIуэм, афIэкIа имыIэмалу. Асадовыр литературэмкIэ чэнджэщэгъуу щылэжьащ «Литературная газета»-м, журналхэу «Огонек», «Молодая гвардия» хуэдэхэм. Псори зэхэту тхылъ 60-м щIигъу къыдигъэкIащ.

      УсакIуэм и уасэр къэзыгъэнаIуэр зэманырщ. Асадовым и сатырхэр адыгэбзэми къыщыхыхьэнур дяпэкIэщ. Абы дыхуепIэщIэкIын папщIэщ нобэ усакIуэр дигу къыщIэдгъэкIыжыр.

                                                                                                                     ЧЭРИМ Марианнэ.

Поделиться: