Гъуэгу лэжьыгъэхэм пащэ

«ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» пэхуэщIэм хиубыдэу Жэмтхьэлэ къуажэм зыхуей щыхуагъэзащ километри 5-м щIигъу зи кIыхьагъ гъуэгур. Абы къыщагъэсэбэпа иджырей пкъыгъуэхэм я фIыгъэкIэ асфальтыр щIэуэ зытралъхьа гъуэгущIэхэр илъэс куэдкIэ зекIуэнущ.

Гъуэгухэр зэрызэрагъэпэщыжым  къыдэкIуэу, светофорхэр ягъэуващ, лъэс зэпрыкIыпIэхэр, гъуэгу дамыгъэхэр, «Жэмтхьэлэ цIыкIу» псым телъ лъэмыжым и къэухьхэр къагъэщIэрэщIэжащ. Гъуэгу лэжьыгъэхэм я фIыгъэкIэ тынш хъуащ къуажэм дэт къулыкъущIапIэхэм, жылагъуэ администрацэм, пощтым, мэжджытым уекIуэлIэныр.

 Бабугент къуажэми щызэрагъэпэщыжащ километри 2 зи кIыхьагъ гъуэгур. Дызэрыт илъэсым къриубыдэу Шэрэдж щIыналъэм зыхуей щыхуагъэзэнущ иджыри гъуэгу километри 10. Абы хиубыдащ Зэрэгъыж, Балъкъэр Ипщэ къуажэхэр.

Километр 27-рэ зи кIыхьагъ Шэджэм ЕтIуанэ - Булунгу гъуэгум щыщу километритI зыхуей хуагъэзащ. Лэжьыгъэхэр Iыхьэ-Iыхьэу гуэшауэ кърахьэлIэнущ 2026 гъэм нэсыху. «ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» пэхуэщIэм хиубыдэу  зэIузэпэщ ящIащ километри 6 зи кIыхьагъ Лэскэн ЕтIуанэ - Анзорей, километр 11,5-рэ зи кIыхьагъ Ерокъуэ - Лэскэн ЕтIуанэ гъуэгухэри.

Къэбэрдей-Балъкъэрым Транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министерствэм  хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, «Къалэ, щIыналъэ, къуажэ гъуэгухэр зэIузэпэщ щIын» къэрал пэхуэщIэм хиубыдащ Аргудан къуажэм и гъуэгу километри 8,5-рэ. Дызытехьэ илъэсыщIэм Лэскэн щIыналъэм иджыри зыхуей щыхуагъэзэнущ гъуэгу километр 20-м нэс.

Бахъсэн щIыналъэр ящыщщ гъуэгухэр зэгъэпэщыжыным теухуауэ лэжьыгъэ нэхъыбэ къыщрахьэлIахэм: ХьэтIохъущыкъуей къуажэм къыщагъэщIэрэщIэжащ Iэпщэм и цIэр зезыхьэ, километри 2,6-рэ зи кIыхьагъ, Ислъэмей и Надречнэ (километр 11 мэхъу) уэрамхэмрэ Чыпым и цIэр зезыхьэ уэрамдэкIымрэ. Апхуэдэ лэжьыгъэхэр щызэфIагъэкIащ Жанхъуэтекъуэ къуажэм и Октябрьскэ, Молодёжнэ уэрамхэм, Тырныауз уэрамдэкIым.

Прохладнэ щIыналъэми щогугъу щIыIэр къэмыс щIыкIэ гъуэгу лэжьыгъэхэр и кIэм зэрынагъэсыным. Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм и унафэкIэ километр 15 зи кIыхьагъ Прохладнэ - Новэ-Покровскэ, Прималкинскэ гъуэгухэм лэжьыгъэхэр иджыпстуи щокIуэкI. Гъуэгуухуэхэм зэраубзыхуамкIэ, мы гъэм зэлэжьынур метр зэбгъузэнатIэ 2200-рщ. Лэжьыгъэм и етIуанэ Iыхьэр 2024 гъэм ягъэIэпхъуащ.

Шэрэдж Дисэ.

          

Поделиться:

Читать также: