Удз гъэгъам дэгъужхэр

Рассказ

Япэ Iыхьэ

И щIалэгъуэм цIыхубз гурыхьу щытауэ къыщIэкIынущ Даринэ. КъыбощIэ ар: цIыхубз псыгъуэ кIыхьыр сытым дежи гуфIэжу, дунейм къыщыхъу псори зыфIэхьэлэмэт сабийм хуэдэу и напщIэр Iэтарэ, и нитIыр къилындыкIыу, щIыфэ хужь щабэм хуэщIыхуфэу къызэпхрыщ лъынтхуэхэм, гурыщIэ щэхухэм кърахуэкI лъы пщтыр ирижэр и Iэпкълъэпкъым иджэгухьу, къызэщIигъанэрэ нэкIущхьэплъ гуакIуэ къищIу… Даринэ и ныбжьыр илъэс тхущIым фIэкIами, дэтхэнэ цIыхубзыщIэ цIыкIум пеуэфыну зэкIэлъыкIуэщ, къабзэлъабзэщ. Хъыджэбз Iэпкълъэпкъщ, лантIэщ. Зэи лъхуакъыми, и бгыр зэрыпсыгъуэу къэнэжащ, и бгъэ цIыкIу хъуэпсэгъуэр мащIэу и бостейм къыдощ. Дунейм иджыри къэс имылъэгъуа тхьэIухуду пхужыIэнкъым, пцIыр сыткIэ щхьэпэ, ауэ ухуемыплъэкIыжынкIэ Iэмал имыIэу, гуакIуэщ. Гуапэщ, Iущабэщ, бзэIэфIщ.

Апхуэдэхэр сыту ямышэрэ?! Щхьэ унагъуэ яхуэмыухуэрэ? ЦIыхухъухэр дэнэу пIэрэ здэплъэр, Даринэ хуэдэхэм блэплъыкIыу?! Ар псори насып Iуэхущ, гъащIэм къызэрыпхуихьщ. ЗэрытщIэщи, насыпыр - хьэжьщ, къыздыкъуэхунури пщIэнукъым. Мис, Даринэ «и жьыщхьэ» къызэрыхукъуэхуам хуэдэу. Пэжкъэ-тIэ, и жьыщхьэкъэ?! Абыи узэреплъщ. ЩыIэщ къуажэдэс фыз, илъэс тхущIым деж и нэкIур зэрыщыткIэ зэлъарэ и  фэм имытыжу, и тхыр лэжьыгъэм къигъэшауэ. Нысэхэр яIэжу, къуэрылъху-пхъурылъхухэми яхэплъауэ, уеблэмэ абыхэм я быныжи зылъэгъуа. Абыхэм я гъащIэр щызу жыпIэ хъунущ, цIыхубзым илъагъун хуей псори ялъэгъуащи.

ЩыIэщ Даринэ хуэдэхэри. Я ныбжьыр илъэс щэныкъуэм щхьэпрыкIами, хъыджэбз цIыкIуу, къагъэщIэну псори иджыри къапэщылъу, зэфэну псыр иджыри къэмыжауэ къащыхъужу. Къащыхъужу! Абы къикIрэ-тIэ, унагъуэ яхуэмыухуамэ, быным и IэфIагъыр зыхамыщIамэ,  къуэрылъхуи ямылъэгъуамэ, я гъащIэр щымызу, мыгъащIэу?! Насыпыр ара къызэрапщыр? Сыт насыпым пщалъэ хуэхъур?

Даринэ щхьэзакъуэщ, ади-ани иIэжкъым, дэлъху-шыпхъухэр унагъуэщ, щхьэхуэщ. Мыр и анэжь и гъусэу игъащIэ лъандэрэ псэуащ, кIэлъыплъу, зэрихьэу. ИужьыIуэкIэ, Даринэ лэжьапIэ Iутт, махуэ псом бгъэдэсыфтэкъыми, пщIэкIэ цIыхубз къищтэри, игъэлэжьащ. Къалэдэсхэр аракъэ, зэманым дожэ, къэувыIэу фIыуэ ялъагъухэм гу щахуэну, IэплIэ хуащIыну, лейуэ псалъэ гуапэ жаIэну хущIыхьэркъым. ЗэрыжаIэмкIэ. Бгъэкъуаншэ хъуну къыщIэкIынкъым. Арами… Уи анэр. И лIэгъуэр къызэрысар наIуэу. Сымаджэ хьэлъэу.

Даринэ езым и щхьэ Iуэхуи зэрихуэн хуейтэкъэ-тIэ?! Махуэ псом лэжьапIэ уIутрэ, пщыхьэщхьэм анэ сымаджэм ухуэпIащIэмэ, фIыуэ плъагъу цIыхухъум ущыхуэзэнур дапщэщ?! ЦIыхухъу! ФIыуэ плъагъум… ЦIыхухъу… Араи Даринэ лъэтэным хуэдэу дамэ къытекIауэ уэрамым къыщIрикIуэр иджыпсту! Араи ар иужьрей зэманхэм нэхъри нэхъ зыкIэлъыплъ щIэхъуар, нэхъри зыщIигъэдахэр, зэманым дэкIуэда, пIащIэ хъуа и дамащхьэм телъ щхьэц фIыцIафэ тецIуукIыр игъэунтIырэзрэ къигъэбатэу, и нэкIур къыщIрилыкIыр. МащIэу нэхъ уэди хъуа хуэдэщ, и зекIуэкIэр нэхъ хуэмщ, зы мыхъумыщIэ (сыт щIэмыхъумыщIэр?!) гуэр къыIэщIэщIарэ абы ириукIытэжам хуэдэу, цIыплъ хъуауэ и нэм къыщIоплъ. ПогуфIыкI…

Хьэсэн хуэзауэ къыщIэкIынщ лэжьапIэ нэужьым. Аращ! Мес, и щхьэцыр мащIэу ехуэкIащ, и Iупэлэри кIэрылъыжкъым, и пщэр плъыжьщ, и жьэпкъыпэр шыпсыранэ сахуэм хуэдэу къилъэлъащ. Псоми гу лъатащ Даринэ деж зы щIалэщIэ екIу къызэрыкIуэм, пщIантIэм къыщапсэлъ, гъунэгъухэм зэхуаIуэтэ. Ар дауэ, и бын хуэдэщ къыкIэлъыкIуэр, мыукIытэжыххэуи и щыгъын хуижьыщIурэ, къредз. Унэ кIуэцIми щигъэгъущыфынут ахэр, ауэ, бгъэлъэгъуэн хуейкъэ-тIэ. Сэри зыгуэрым фIыуэ сыкъелъагъу, сыщхьэзакъуэкъым жыхуиIэу. Иджыри къэс Даринэ псоми егупсысащ и щхьэ къищынэмыщIа, и анэм кIэлъыплъащ, иджы и щхьэ, и Iэпкълъэпкъ, и гурыщIэ хуэпсэужыну хуиткъэ?! Е бынкъым, е унагъуэкъым. Нобэ къытехуэрэ лIэмэ, Хьэсэн дилъэгъуа IэфIымрэ абы хуиIэ лъагъуныгъэмрэщ мы дунеишхуэм здытрихыфынур.

Аращ иджыпстуи Даринэ зэгупсысыр - Хьэсэнщ. Я зэхуаку дэлъаращ. ЛэжьапIэ нэужьым зэхуэзат. ЩIалэм Iуэхушхуэ иIэт, ныщхьэбэ Даринэ деж къэкIуэфынутэкъыми, нэгъуэщI мыхъуми, дакъикъипщI хуэдизкIэ дызэрылъагъунщ жаIэри, зэгурыIуат. Зэрызэрылъагъууи захуэIыгъакъым… Даринэ Хьэсэн и машинэм зэритIысхьэу зыкъришэкIри… Апхуэдэ дыдэу фIыуэ къилъагъуу пIэрэ? Хьэмэрэ… Сыт-тIэ, Даринэ къыпихыфынур абы, фIыуэ къимылъагъумэ?! Е мылъкукъым, е лъапсэкъым, е дыщэкъым.

Даринэ щэхуу ирогузавэ абы. Щизакъуэхэм деж йогупсыс, абы и бэлыхьми еукI. Хьэсэн щIалэщ, щIалэ дыдэщ. Илъэс щэщIрэ плIырэ хъууэ аращ. Абы и ныбжьымрэ и дахагъэмкIэ и Iэпэ зыхуиший пщащэр къыдэкIуэнущ икIи къыдихьэхыфынущ, ауэ Даринэ и гъусэщ. Сыт щхьэкIэ? Сыт щхьэкIэ? А упщIэм псэхупIэ къаритыркъым хьэблэ хъыджэбзхэм, Даринэ къыкIэлъыкIуэ щIалэр зылъагъухэм. Къыхузэгуоп. Зэгуоуд, уеблэмэ. Щхьэ Даринэ, щхьэ сэрмырарэ? И къуэ хуэдэщ, на! УкIытэжыххэркъым фызыжьыр. Тхьэм ещIэ ар абы къызэрыдихьэхамрэ зэриIыгъ щIыкIэмрэ. Iэзэм кIуэуэ къыщIэкIынщ…

Арами, Хьэсэн къокIуэ. Даринэ щIэмысми, къыIухьэурэ шэджэгъуашхэ щищIи къохъу, жэщкIи къонэ. Машинэр къыщищэхуам, псом япэ Даринэ деж къэкIуат, къригъэлъагъуну. «Сыту дахащэ, си псэ! Угъурлы ухъу! ФIыгъуэкIэ тхьэм куэдрэ уузыншэу уригъэс!», - жиIэу, и нэкIубгъум ба зэрыхуищIыжами гу лъатащ. «ЩIалэжьыр иIыгъын щхьэкIэ, машинэ къыхуищэхуащ», - жызыIаи къахэкIащ гъунэгъухэм. Сыту фIыт ар Даринэ зэрызэхимыхар, кIуэцIрыхунти! Дэнэ апхуэдэ ахъшэ къыздрихынур, къыхуищэхуну лIэжтэми?! КъызэрыгуэкI лэжьапIэщ зыIутыр… Iэщ дохутыру аращ.

ЩIалэм и теплъэр Даринэ и нэгу къыщIоувэ. МащIэ дыдэу тхъугъэ зыхидза щхьэц фIыцIэ Iувыр, сытым дежи екIуу щIэща жьакIэ мащIэр, дэбгъуэну зы мэскъал зыхэмылъ и Iэпкълъэпкъ уардэр, нэ фIыцIэ дахэр, Iупэ плъыжь IэфIыр… Джинс щIыху зэвыр, Iэпкълъэпкъым екIуалIэ джанэ хужьыбзэр щыгъыу, нэгъуджэ фIыцIэ Iулъу машинэм къикIауэ Даринэ къыщыхуэкIуэкIэ, мыдэ, кином къыхэкIа щIалэу уIуоплъэ. Иджыри къэс ишэча закъуэныгъэмрэ псэ гугъуехьымрэ пэкIуэжын насыпу гъащIэм къритыжат а цIыхухъур. Ипэхэм, дауи, цIыхубзыр и ныбжьым теукIытыхьыжырт, сэ сыхуэфащэкъым абы, ар нэхъыщIэIуэщ зыхуейр жиIэурэ, IуигъэкIуэтыну хэтт, ауэ мис, зэрыхъуа хъуащ.

Даринэ етхуанэ къатым хуэму докIуеиж, IункIыбзэр Iуех, унэ нэщIым щIохьэж, блыным фIэдза гъуджэшхуэм йоплъэ, зыщогуфIыкIыж… Сыхьэт ныкъуэ и пэкIэ фIыуэ зэрылъагъуитIым я зэхуаку дэлъам и дамыгъэу жьэпкъ къилъэлъамрэ и пщэм къытена плъыжьыгъэ мащIэмрэ къелъагъури, «хьым» жеIэри, нэхъри погуфIыкI, укIытэжауэ, и нэгу имыплъэжыфу, сумкэр лъэгум къыщенэри, зигъэпскIыну ваннэм макIуэ. Гъэмахуэ хуабэмрэ лъагъуныгъэ лыгъэмрэ къигъэпщIэнтIа Iэпкълъэпкъым фIэфIщ псы хуабэнэпцIыр. Къэукъубея гурыщIэхэр егъэщIыIэтыIэ, уэгум иджэрэзыхьа гупсысэхэр егъэзэгъэж, бгъэм къипкIыну хьэзыр гу пыкIэзызыкIыр еубыдыж…

«Нобэ махуэкущ. Мамэ жьэрымэ хуэзгъэуакъым Iэджэ щIауэ. Тхьэв тIэкIу сыпщынщи, нэгъуэщI мыхъуми ди къатым тесхэм яхуэзгуэшынщ. Дэнэт а тхылъымпIэ кIапэр здэсхьар?! Ар симыIэмэ, схуэпщынукъым. СщIэжкъым зэрапщ, халъхьэхэр… Аращ, пщIэфIэныр анэм пщхьэщихамэ, псори хьэзыру унэм укъекIуэлIэжу уесамэ. Мамэ! Си мамэ дахэ! Сыту Iейуэ сыпщыщIэрэ! Сыту куэд бжесIэнут сэ уэ. Сытегушхуамэ. Си фIэщ хъуркъым узиIэжатэми, сытегушхуэу, Хьэсэн и гугъу пхуэсщIыфыну, арщхьэкIэ…

Хьэсэн… Хьэсэн сыхуэзат нобэ. Хьэуэ, нобэ жьэрымэ Iуэху зесхуэнкъым. Гуэныхьщ. Адрей махуэкум! ГукIи, псэкIи, акъылкIи сыкъабзэу… Хьэсэн къигъэна щыгъынхэр зжьыщIынщи нэхъыфIщ нобэкIэ».

Езыр шхэн хуейуэ ищIэжрэ сытми?! Емыдзэкъауэ, и щIасэлIым хуэжьыщIэнущ. ЕлIэлIапэу, зы бжьыгъэ цIыкIу къызэрыримыгъэнэным пылъу мэжьыщIэ. Апхуэдэ дыдэуи, мыушкIупIын хуэдэу, хуэсакъыпэурэ екъузыжри, дахэу кIапсэм иредз. Аргуэру. Псоми къалъагъуу. Нэчыхьыншэ, цIыхубз щхьэзакъуэм и кIапсэм цIыхухъу щыгъын къредз. Гъуэншэдж, джанэ, щIагъщIэлъ нэгъунэ. Ахэр пэшым щигъэгъущами ягъэ мыкIынт. Iуэхукъым. Псоми къащIэну арэзыщ. Ар дыдэращ зыхуейри. Даринэ и чэзу къэсащ иджы насыпыфIэ хъуну. Хуиткъэ?! Къилэжьакъэ?! ИкIи мэукIытэ, зэми цIыхум къыхужаIэнур къыфIэIуэхукъым. ИкIэм-икIэжым, жылэм Даринэ фIэкIа Iуэху яIэкъэ, езыхэр зыкIэлъыплъыжмэ, я напэр къыщIисыкIын Iэджи якъуэлъщ, аддэ, гу лъабжьэм щыгъэпщкIуауэ. Мыбы зыми зигъэпщкIуркъым, зыми пцIы хуиупсыркъым.

Аргуэру гъуджэм йоплъэ. Мыр сыт? И нэкIум зэлъагъэ къытридзащ! Дэнэ щыIэ кремыр? Апхуэдиз ахъшэ ириту къищэхуа, зэлъар зышэщIыж хущхъуэ лъапсейр. ПсынщIэу, и Iэхэр кIэзызрэ жыпIэу, сумкэм йотIыхь. Къретхъу. Мис! Куэду щехуэ и нэкIум.  Хуэсакъыпэу, нэхъри и фэр химышыну, щабэу трелъащIэ. Пщэдджыжь хъуху хэгъуэщэжын хуейщ, ауэ ныщхьэбэ Хьэсэн къэмыкIуарэт, хущIегъуэжу. Мыпхуэдэу къимылъэгъуамэ арат. И гур къыщыкIынщ. КъэмыкIуэми хуэзэшынущ, етIуанэ махуэр къыхуэмыгъэсу, зигъэджэрэзу нэху къекIынущ. Сыту бэлыхь мыбы и Iуэхур! Дауэ жьыгъэм зэребэнынур? Илъэс пщыкIуийкIэ езым нэхърэ нэхъыщIэ щIалэр зэриIыгъынур дауэ, мыпхуэдэ гузэвэгъуэр телъу? Нэхъ щIалэ, нэхъ дахэхэмкIэ еплъэкIын щIидзэмэ-щэ? Даринэ цIыхум яфIэдыхьэшхэну утыку къинэмэ-щэ? Гува-щIэхами аращ къэхъунур. Сыт, псалъэм папщIэ, илъэсипщI дэкIмэ ищIэнур. Сыт хуэдэ щIыкIэкIэ жьыгъэр къызэригъэувыIэнур, сыт къигупсысынур? Хьэсэн бын хуейкъэ, щIэблэ иIэн хуейкъэ?! Сыт абы Даринэ иритыфынур и лъагъуныгъэм къищынэмыщIа?...

КъыкIэлъыкIуэнущ.

 

 

Поделиться: