Куба амбулаторэщIэ щаухуэБахъсэн щIыналъэм хыхьэ Куба къуажэм щаухуэ амбулаторэщIэм ехьэлIа лэжьыгъэхэр и кIэм ноблагъэ. Зы лэжьэгъуэ махуэм къриубыдэу цIыху 90-м хуэдизым щеIэзэфынущ абы. Абы нэмыщI, махуэкIэ цIыхухэм я узыншагъэм щыкIэлъагъэплъу, хущхъуэхэр щрахьэлIэу щIэлъынухэм папщIэ гъуэлъыпIэ 15 щIагъэувэнущ.
АмбулаторэщIэм хыхьэнущ терапевтым, сабий дохутырым, нэгъуэщI IэщIагъэлIхэм я пэшхэр, мастэ щыхалъхьэ, уIэгъэхэр щапхэ кабинетыр, дэIэпыкъуэгъу псынщIэм и къудамэ. ЦIыхухэм я чэзур къэсу дохутырым и деж щыщIыхьэнум щыпэплъэну щIыпIэ щхьэхуэхэр яIэнущ, зыщрагъэIэзэнум деж нэхъ тыншу зрагъэтхыфын папщIэ, абы хуэщIа Iэмэпсымэхэр, гъуэгугъэлъагъуэхэр ягъэувынущ, сымаджэхэмрэ узыншэхэмрэ зэхуэмызэн, уз зэрыцIалэхэм зрамыгъэубгъун папщIи, абыхэм щIыхьэпIэ щхьэхуэхэр къыхузэрагъэпэщынущ. ЖыпIэнурамэ, цIыхухэм я тыншыпIэ псори хэтынущ унэщIэм.
Ухуэныгъэр ирагъэкIуэкI «Узыншагъэр хъумэн» лъэпкъ проектым хыхьэ «ЦIыхухэм япэу зызыхуагъазэ медицинэ IуэхущIапIэхэр егъэфIэкIуэн» щIыналъэ программэм тету икIи лэжьыгъэхэр зэфIагъэкIынущ дызэрыт илъэсым и кIэм ирихьэлIэу.
Иджыпсту ухуакIуэхэм пэш кIуэцIхэр къращIыкI.
Поделиться:
Читать также:
03.05.2024 - 16:00 →
ЩIыпIэ телъыджэу 40
03.05.2024 - 13:15 →
Мэрем фIыгъуэм зыхэвмыгъэкIыж
03.05.2024 - 12:26 →
Я нэIэм щIэтынущ
03.05.2024 - 11:18 →
Гъавэ бэвыр я плъапIэщ
02.05.2024 - 14:22 →
Хэкур зыфIэкIуэдам псори фIэкIуэдащ
|