#Сыгудзакъэншэкъым къэралпсо пэхуэщIэр даIыгъащ

Сабий мылъхуэсхэм я дунейпсо махуэм ирихьэлIэу Урысейм жэрдэм зыхуэмыдэхэр къыщыхалъхьэ. Абыхэм ящыщщ илъэс къэс ирагъэкIуэкI, жылагъуэ мыхьэнэ зиIэ #Сыгудзакъэншэкъым къэралпсо пэхуэщIэр. КъызэгъэпэщакIуэхэм къыхалъхьа Iуэхугъуэр щыдаIыгъащ Къэбэрдей-Балъкъэрым. Абы и щыхьэтщ КъБР-м и Къэралыгъуэр илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу зэрагъэпэщыжа телечэщанэ цIэрыIуэр нурыбэу зэрызэщIагъэблар, идз нэхум хэлъ тхыпхъэхэр къэрал бэракъым и плъыфэхэмкIэ зэрызэщIагъэнар.

Жылагъуэ Iуэхугъуэ дахэр къызэзыгъэпэщар «Телъыджэлажьэхэм я лъахэ» фондырщ. Ар хуэунэтIащ зи пIалъэр нэмысу дунейм къытехьа сабийхэм гулъытэ хэха яхуэщIын, апхуэдэ лъхугъэщIэ къызыхэхъуа унагъуэр Iэмалыншэу дэIыгъын зэрыхуейм. Морафэр - фондым и плъыфэщ. А плъыфэрщ къэралым ит телечэщанэхэм я нур джэгум ебэкIыр. Гугъэм, гущIэгъум, псэ зэIухам я дамыгъэу къалъытэ.
Фондым илъэс къэс къыхилъхьэ жэрдэмым даIыгъкIэрэ сыхьэт 17.00-м щегъэжьауэ 21.00-м нэсыху телечэщанэ нурым хъуэхъубзэр къызэпхидзу техникэм и лэжьыгъэри яутIыпщащ. КъызэгъэпэщакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, нурым идзыну уджым пиксель мини 10340-рэ хъу уэздыгъэ цIыкIухэмрэ нурыдз уэздыгъэшхуэхэмрэ (прожекторхэмрэ) къатощ. Абы Iэмал къет нэхум зызыхъуэж плъыфэбэхэр джэгуурэ зэблигъэкIынымкIэ, и пIэм имыкI теплъэгъуэхэмрэ къэзыуфэрэзыхь сурэтхэмрэ зыр зым иужь иту уэгум къридзэнымкIэ. Уэздыгъэ цIыкIухэри уэздыгъэдзхэри дунейм и щытыкIэ зызыхъуэжхэм хуэщIащ, псыIагъым щыхъумащ, уэздыгъэ къаруушхуи имышхын хуэдэу гъэпсащ.
МахуэщI телечэщанэ джэгур зэрыкъэралу щыпагъэнащ. ЩIыналъэ шыхьэрхэмрэ къалэшхуэхэмрэ дэт телечэщанэхэм хъуэхъубзэхэр хэту нэхур ирагъэдзащ, телечэщанэхэм теплъэгъуэбэу зэхэт, анэмрэ бынымрэ я зэхущытыкIэхэр къызыхэщ гъэлъэгъуэныгъэхэр къызыпхрагъэдзащ.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, Къэбэрдей-Балъкъэрым и телечэщанэшхуэм метри 180-рэ и лъагагъщ. Абы и лэжьыгъэр щIэрыщIэу яутIыпщыжат щIыналъэм и махуэщIым ирихьэлIэу. Телечэщанэр щаухуар 1968 гъэращ. Кавказ Ищхъэрэм ит апхуэдэ ухуэныгъэхэм ящыщу мыращ нурыбэ зэщIэблэ япэу зиIэ хъуар. Абы и къэщIэрэщIэжыным къыдэкIуащ телечэщанэм игъэзащIэ къалэнхэр нэхъыбэ зэрыхъуар, и лъэщагъми хэпщIыкIыу къызэрыхэхъуар. ДяпэкIи абы и зэщIэблэкIэм, идз тхыпхъэхэм зыпхуегъэхъуэжынущ, программэ щхьэхуэ иIэу мэлажьэри, щIэхэр хэбгъэхьэ хъунущ. Архитектурэ и лъэныкъуэкIэ, сурэтрэ тхыпхъэу къищIыкIхэм я IуэхукIэ уеплъмэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и телечэщанэми хуэдэ щыIэкъым. Ухуэныгъэр ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм и гъунэгъуу, щыхьэр уэрамышхуэм и ублапIэм зэрыщытым къыхэкIыу, ар малъхъэдис къарукIэ еузэд, уардэу къалэм къызэрыщхьэщытым ар къэгъуэтыгъуафIэ ещI. ЖыпIэнуращи, иужьрей лъэхъэнэм телечэщанэр ди щIыналъэм и дамыгъэ дахэхэм ящыщ хъуащ.
 

 

Поделиться: