Бгым зыщызыдзыжхэр

Канадэм щекIуэкIа иужьрей къэпщытэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, цIыху 25-м щыщу зыр «эвтаназие» IэмалымкIэ дунейм щохыж а къэралым. 2024 гъэм щыщIэдзауэ, лIэныгъэр къыхэпхыным уезыхулIэ хабзэхэр къэралым нэхъри нэхъ тIасхъэ щащIыну я мурадщ.

 «Эвтаназие» хъужыр цIыхур езым и гукъыдэжкIэ мастэ гуэрхэр зыхригъэIуу дунейм зэрехыжырщ. Хуэмышэчыну узыфэ хьэлъэ къызэуэлIа цIыхум и псэм и унафэр езым IэщIалъхьэжу аращ, «уи дежкIэ нэхъыфIыр уэ езым уощIэж» жыхуаIэу. Мы Iуэхум узэрытрагъэгушхуэм и щыхьэту къэплъытэ хъунущ ар уеблэмэ художественнэ тхыгъэхэм зэрыхыхьам. КIыхь зезмыгъэщIу, зы щапхъэ къыфхуэсхьынщ. Хэту пIэрэ иджырей тхакIуэхэм нэхъ цIэрыIуэу яхэтыр жысIэу, сылъыхъуэурэ, жеIэри инджылыз цIыхубз Мейес Джоджэ и цIэ къыспэщIэхуащ. Псори зытхьэкъуар «Уэ сыпхуэзэн ипэкIэ» и романырт. Удихьэхыу узэджэф тхылъыр хъуащ, сэ сызэреплъымкIэ. ЗэдзэкIакIуэхэми зэIамыгъэхьауэ, уитхьэкъуу зэхэлъхьа роман хъарзынэм хьэмбылум укIэлъыпхъуэурэ, щыхупIэм уришалIэу къыщIэкIащ. Лъагъуныгъэ куум и нэщэнэу мыбы къыхэщыр зэрымыщIэкIэ зи лъэр щIэкIа спортсмен щIалэм «зиукIыжын хуитыныгъэр къызэрыIэщIамыхырт». Уи щхьэфэцым зрисэ къудейкъым, гъуэгу пхэнжым апхуэдиз къару игъуэтын папщIэ, дауэ ахэр зэрызэхэтыр жыуегъэIэ.

Канадэм узыншагъэм кIэлъыплъынымкIэ и министерствэм ищIа къэхутэныгъэхэм къагъэлъэгъуащ 2022 гъэм и кIуэцIкIэ цIыху 13000-м эвтаназиер къызэрагъэсэбэпар. Ар ипэ илъэсым нэхърэ процент 30-кIэ нэхъыбэщ. «ПщIэ пылъу дунейм ехыжын» лъэпкъ псапащIэ зэгухьэныгъэр утыку къихьауэ, Канадэм и правительствэм йолъэIу апхуэдэ щIыкIэу дунейм ехыжыну цIыху нэхъыбэ хуит ящIыну.

Эвтаназиер къыхахыным цIыхухэр нэхъыбэу езыхулIэр лышхырщ. Ауэ иджы сымаджэщхэм щIэлъ цIыхухэм хуэмурэ зэрыхагъэзыхьымкIэ зыкъаумыс. «Шхыни, псыи, хущхъуи къызамытыжу, зытхьэщIыпIэми самышэу хъуащ. Си жагъуэ ящIурэ эвтаназием сыхуэкIуэну къызжаIэрт, дохутырым ар и щхьэр течауэ къызиIуэкIырт», - игу къегъэкIыж сымаджэхэм я зым.

Къэрал министерствэм а Iэмалыр къэбгъэщхьэпэныр нэхъ хуит зэрищIрэ, дэтхэнэ зы узыфэри зыщIэбукIыжын щхьэусыгъуэ ящIу хъуащ. Ар зыфIэзахуэхэм зэрыжаIэмкIэ, «а Iэмалым хуэмыкIуэмэ, Канадэм и медицинэм апхуэдиз цIыхум еIэзэныр мылъкукIэ худэшынукъым».

Онтарио къалэм щыщ цIыхубзым тутын Iугъуэ езэгъыртэкъыми, эвтаназие иригъэщIын хуейуэ квотэ къратащ. 2023 гъэм щегъэжьауэ, эвтаназие зрагъэщIыну хуитщ зи акъылым сэкъат игъуэтахэм, уеблэмэ ныбжьыщIэхэм. Дохутырхэм я чэнджэщкIэ зызыукIыжхэм ятекIуадэ уасэр къэралым ет. Германием щекIуэкIа нацист зэхэтыкIэм иужькIэ, мы Канадэм щыпхагъэкI, цIыхур эвтаназием ехулIэн хабзэм нэхърэ нэхъ гузэвэгъуэ тлъэгъуакъым жызыIэхэр куэд мэхъу.

«Иужьрей зэманым эвтаназием хуэкIуапхъэхэм ятеухуа зэдауэхэр нэхъ гуащIэ хъуащ, - дыкъыщоджэ Iуэхум тетхыхь «Известия» газетым ит тхыгъэм. - Бэлыхь хэхуа сымаджэ хьэлъэхэм я узыр ящыгъэпсынщIэн мурадыр къэралым псэууэ къигъэнэну хуэмейхэм ирахьэлIэ. ЦIыхур езым и гукъыдэжкIэ дунейм ехыжыну хуит зыщI хабзэр гъэткIиин хуейуэ къэзылъытэхэм я макъыр хуабжьу яIэт, ауэ дохутырхэм ар къыдаIыгъыркъым, унафэр зыIэщIэлъхэм я ней зыщамыгъэхуэн папщIэ».

 Нобэрей IуэхукIэ Канадэр эвтаназиер хуит щащIа къэралиблым язщ. А хабзэр къыщащтар 2016 гъэрщ. Франджыри а лъэужьым ирокIуэ.

Урысейм и лIыкIуэу Канадэм щыIэ Степанов Олег жеIэ: «Зи ныбжь хэкIуэта цIыхухэм, зауэм ныкъуэдыкъуэу къикIыжахэм, уз хьэлъэ зыгъэвхэм еIэзэн и пIэкIэ, пхуэгъэхъужыну узхэм щхьэкIэ жраIэ: «Ар куэдрэ, куэдрэ екIуэкIынущ, уи фэр трихынущ. Ауэ нэгъуэщI хэкIыпIэ къыхэпхыфынущ, иджыпсту мыбдеж дыдэм зы хущхъуэ цIыкIу зыхебгъэIуу, гупсэхуу ужеижмэ, утыншыжынущ».

Урыс дипломатым и псалъэм щыхьэт тохъуэ Оксфорд университетым и профессор Чжу Юань:

- Илъэс блэкIам щегъэжьауэ, Канадэм и къэрал хабзэм жьыи щIэи заукIыжыным трегъэгушхуэ, къахэхъуэ мылъкум зэрыхуейм хуэдэу псэуну Iэмал къримытмэ. Къэрал жумартым ахэр пщIэншэу иукIыну къигъэгугъэу аращ ипэжыпIэкIэ. Игъэпсэуным ахъшэ щIитыфынукъым, ауэ псапэу игъэлIэфынущ.

«Мы шейтIан хабзэр Тхьэм дину къригъэха псоми япэщIоувэ, - жеIэ тхакIуэ Стариков Николай. - ЦIыхухэр псэуну хуейщ, ауэ зэрызагъэхъужын ахъшэ яIэкъыми, заукIыжыну къытрагъэхьэ. ЩIылъэм тет цIыху бжыгъэр ягъэмащIэу аращ а унафэ икIэмкIэ. Гугъу ехьхэм дадоIэпыкъу жаIэ щхьэкIэ, нэхъеижитIу лей ирах».

 «Къэралым дежкIэ эвтаназием ахъшэ тригъэкIуадэмэ, нэхъ фейдэщ, цIыхур игъэхъуж нэхърэ, - пещэ ищхьэкIэ зи цIэ къыхэдгъэща Чжу Юань. - ЗэрылIыкIыну уз къызэузхэм ирахьэлIэ мы Iэмалым илъэсым хуэзэу доллар мелуан 87-рэ къахудигъэкIащ. Нэхъыбэ трагъэгушхуэмэ, а бжыгъэм иджыри илъэс къэс доллар мелуан 72-рэ къахухэхъуэнущ».

 «ЛIэныгъэм и щэнхабзэ» зыфIаща мы хабзэ хьэдэгъуэдахэр демократием и нэщэнэу къагъэлъэгъуэну хуожьэ. Щэнхабзэ хъужыр псэукIэ хабзэщ, гъащIэм IэфI къыщIэзыгъэхьэж цIыху зэхэтыкIэщ. Къэрал псо мы мыхъумыщIагъэм зэрыдихьэхам къигъэлъагъуэр унафэ зыIэщIэлъхэр гъуэгу пхэнжым зэрытетырщ.

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также: