МашинэщIэхэр иратащРеспубликэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек КъБР-м щыIэ МВД-м и къудамэхэм яритыжащ автомашинэщIэу 27-рэ. Ахэр къащэхуащ УФ-м и Президент Путин Владимир и жэрдэмкIэ къыхалъхьа «ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектым хыхьэу. - Иужьрей илъэсипщIым ягъэзэщIа гъуэгу проект нэхъыщхьэхэм ящыщ зыщ ар. Гъуэгу шынагъуэншагъэр егъэфIэкIуэнырщ абы и къалэн нэхъыщхьэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым илъэс къэс шынагъуэншагъэм и жыпхъэхэм изагъэу автомобиль гъуэгуу километри 100 хуэдиз щIэуэ щаухуэ. ЦIыхухэр зыхэкIуадэ къэхъукъащIэхэу щIыналъэм и гъуэгухэм къыщыхъухэр нэхъ мащIэ хъуащ. Республикэм и ГИБДД-м и къудамэхэр техникэ IэмэпсымэхэмкIэ къызэрызэрагъэпэщри сэбэп хъунущ гъуэгухэм шынагъуэншагъэр щегъэфIэкIуэнымкIэ, цIыхухэм я гъащIэр хъумэнымкIэ, - къыхигъэща щIыналъэм и Iэтащхьэм.
Поделиться:
Читать также:
18.05.2024 - 10:48 →
Унагъуэращ Хэкур къыщежьэр
16.05.2024 - 19:35 →
ГукъэкIыжхэр гъащIэм щыщу
16.05.2024 - 17:30 →
Гулъытэр зиIэ ныбжьыщIэхэр
16.05.2024 - 15:24 →
Европэр насыпыншагъэм къезыгъэла щIалищ
16.05.2024 - 12:16 →
ТекIуэныгъэ Иным теухуа концертхэр
|