ДэIэпыкъуныгъэр ирагъашэ

«Урысейм и МЧС-м и кхъухь­лъатэ хэхам Эль-Ашир мысыр (египет) къалэм нигъэсынущ Къэбэрдей-Балъкъэр Респуб­ликэм ис­хэр Газэ секторым и цIыхухэм зэрадэIэпыкъур. 
ФIыщIэ ин яхузощI ар къы­зэзыгъэпэщахэмрэ зыхуахьэсар яIэрыгъэхьэным егугъуа­хэмрэ. 
Ил-76 урысей кхъухьлъатэр Москва и Жуковский аэропортым телъэтыкIащ, ерыскъы­хэкIрэ цIыхухэр зыхуеинкIэ хъуну хьэпшыпу тонн 20 илъу. 
А псор Мазэныкъуэ Плъыжь мысыр зэгухьэныгъэм иратынурэ, абыхэм Газэ секторым щыпсэухэм лъагъэIэсыжыну аращ», - щетх КIуэкIуэ Казбек и телеграм-каналым.

Поделиться:

Читать также: