И пэжыпIэр къалъыхъуэ

Испанием и къалащхьэ Мадрид дэт университетым и психологхэм псалъэмакъ кIыхь драгъэкIуэкIащ зи ныбжьыр илъэсищэ ирикъуа е абы щхьэдэха цIыху куэд дыдэм, абыхэм я гъащIэмрэ я дуней тетыкIэмрэ зыщагъэгъуэзэн мурадкIэ. КъызэрахутамкIэ, ахэр апхуэдизрэ псэуныр я хьэл-щэным куэдкIэ елъытащ. ГъащIэ кIыхь къэзыгъэщIа цIыхухэр сыт щыгъуи жану, набдзэгубдзаплъэу, гъащIэр фIыуэ ялъагъуу, цIыхум зыдрагъэкIуу, яхуэпщIэр фIыщIэ ящIу, гугъуехьхэми иримытхьэусыхэу, пэжагъ яхэлъу, Iущхэу, еджэн яфIэфIу къэгъуэгурыкIуащ. 
Дунейм и щIэныгъэлIхэм апхуэдэу къатIэщI цIыхум я узыншагъэр хъумэнымрэ гъащIэ кIыхь яIэнымрэ сэбэп хуэхъу нэгъуэщI щхьэусыгъуэхэри.
Иджырей цIыхум и гъащIэр пIейтеигъэхэмкIэ гъэнщIащ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, абы къыдокIуэ жейм емызэгъыныр, тэмакъкIэщIыгъэр, губжьыр. Узыншагъэр къызэпауд фадэм, тутыным, щыс зэпытым, фIагърэ къабзагъэрэ зыбгъэдэмылъ ерыскъыхэкIхэм - а псоми цIыхур щыгъуазэ хуэдэщ, атIэ абыхэм сыт щIэуэ къахэхъуа иужьрей илъэсхэм?
А Iуэхум телажьэхэм къызэрахутамкIэ, цIыхум и узыншагъэмрэ къигъэщIэну илъэс бжыгъэмрэ генетикэм процент 25-кIэ, езыхэм я зэгугъужыкIэмрэ дохутырхэм я зэфIэкIымрэ адрей 75-кIэ елъытащ. ЕтIуанэм и лъэныкъуэкIэ минипщI бжыгъэкIэ къагупсысащ жьыгъэр къызэтезыгъэувыIэ геропротекторхэр. ЩIэныгъэлIхэр иджыпсту куэдкIэ щогугъ «пептид», «терпен» пкъыгъуэщIэхэм. «Терпен»-мкIэ къулейщ пхъэщхьэмыщхьэхэр, хадэхэкIхэр, сырагъ зыщIэлъ къэкIыгъэхэр, ауэ а пкъыгъуэ сэбэпыр псом нэхърэ нэхъыбэу яхэлъщ уэздыгъей лIэужьыгъуэхэм. Къапщтэмэ, Сыбыр пихтэм апхуэдэу хэлъыр 300-м нос икIи абыхэм я фIыгъэкIэ жыгхэр полъэщ дунеймрэ щIыуэпсымрэ ягъуэт зэхъуэкIыныгъэхэм, къымыдэкIэ, а жыгхэм ныбжьышхуи яIэщ. Псалъэм папщIэ, США-м и Калифорние штатым къыщокI илъэс 4800-м нэса «Мафусани» уэздыгъейр.
ДызэрыщагъэгъуэзамкIэ, терпеныр щIыIэ узхэмкIэ сэбэпщ, ДНК-р сэкъатхэм щехъумэ, лъыр фIыуэ егъэлажьэ, къэкIыгъэхэм ямызакъуэу, цIыхухэмрэ псэущхьэхэмрэ я клеткэхэри зэрихъумэфынум шэч къытрахьэркъым.
Уэздыгъей мэзым сыхьэтитIкIэ къыщызыкIухьхэм я иммунэ клеткэхэм я бжыгъэм процент 40-кIэ хегъахъуэ, ахэр куэду къыщыкI щIыпIэхэм махуитI щызыгъакIуэхэм мазэ псокIэ къезыхьэкIын къыхах.
Китайм и щIэныгъэлIхэм иджыблагъэ хэIущIыIу ящIащ цIыхур жьы хъуныр лъынтхуэхэм къызэрыщежьэр. Ахэр кIуэ пэтми нэхъ быдэ, нэхъ куда мэхъу, Iэпкълъэпкъым щызекIуэн хуей лъымрэ абы хэту къыIэрыхьэ хьэуамрэ зэтриIыгъэрэ нэгъуэщI узыфэхэми къежьапIэ яхуэхъуу.
- Абдежым къыщыщIедзэ лъы дэуейм, фошыгъу узым н. къ. А лъынтхуэхэр IэтIэлъатIэ зыщI «терпен»-м жьыгъэри къызэтрегъэувыIэ, - жаIэ абыхэм.
Жьыгъэр IузыгъэкIуэтхэм ящыщ зыуэ абыхэм къагъэлъагъуэ цIыхур зэфэ псыр. Ар къабзэу щытын хуейщ икIи абы и къалэныр ягъэзащIэркъым шейм, кофем, псыIэфIхэкIхэм. Куэдым ящIэ цIыхум махуэм хуэзэу зы литррэ ныкъуэрэ псыуэ ирифын зэрыхуейр.
Америкэм и щIэныгъэлIхэм къызэрахутамкIэ, псыр къызэмэщIэкI Iэпкълъэпкъым натрийм бжьыпэр щеубыд. Абы и ионхэр узыншагъэмкIэ зэранщ - нэхъ пасэу жьы ещI. Ахэр клеткэхэм нэхъыбэу хэтыху, лъым и зэпцIыкIэ мардэр зэтреху, ДНК-м сэкъат егъуэт, белокыр егъэфIэIу, хуримыкъу псыр абы къыхихын папщIэ. А псоми цIыхум и къаруушхуэ токIуадэ. 
КъэхутакIуэхэм шэч къытрахьэркъым, IэмалыщIэ къэунэхуахэм я фIыгъэкIэ, цIыхухэр илъэсищэ ныбжьым фIыуэ зэрыщхьэдэхыфынум.
 

 

Шэрэдж Дисэ.
Поделиться:

Читать также: