И Iэпэм дыщэ къыпощ

Илъэси 160-рэ хъуауэ ди лъэпкъэгъухэр Тыркум щопсэу, лъабжьэ быдэ щащIауэ. А къэралым и сыт хуэдэ щIыпIэ укIуами адыгэ цIыху уIущIэнущ е ди лъэпкъэгъухэм ятеухуа хъыбар щызэхэпхынущ. Политикэм, экономикэм, егъэджэныгъэм, гъэсэныгъэм, гъуазджэм - сыт хуэдэ IэнатIи адыгэхэр щолажьэ. Сыт хуэдэ Iуэху ящIэми, щытхъу пылъу ягъэзащIэ. «СурэтыщI Iэзэу Гусэрыкъуэ Мэхьмуд илъэс зыбжанэ хъуауэ си нэIуасэщ, и IэдакъэщIэкIхэр соцIыху, иджы мызыгъуэгум сыдэуэршэрыну, и хъыбар, и гупсысэкIэр зыхуэдэр къэсщIэну Iэмал сиIащ», - жеIэ АР-м щIыхь зиIэ и журналист ГъукIэлI Сусаннэ икIи иужьрейуэ Тыркум щыщыIам абы зэрыхуэзар къытхуетхыж. 
«Гусэрыкъуэ Мэхьмуд сыщыхуэзэн хуей Калпакджи дынэсащ. ШхапIэ, сату щIапIэу щыт унэм адыгэмэ зэрыщыур занщIэу къыбгуроIуэ. Езы Мэхьмуд и IэдакъэщIэкI куэд щIэлъщ абы, и сурэтхэмкIэ дэпкъхэр гъэщIэрэщIащ. Уеблэмэ а IуэхущIапIэм зэзэмызэ щолажьэ. 
Калпакджи адыгэ фащэхэр, адыгэ хьэпшып цIыкIухэр щащэ, лъэпкъ шхыныгъуэхэр щагъэхьэзыр. Ди лъэпкъэгъуу Истамбыл дэсхэр куэдрэ щызэхуос абы. Щэхуэн гухэлъ ямыIэми, щызэролъагъу, щызэхэсщ, пшыхьхэр къыщызэрагъэпэщ. НэгъуэщI къэралхэм къикIыу Истамбыл къакIуэ адыгэхэри Калпакджи къыщIэмыхьэу зэи кIуэжыркъым. Апхуэдэу Иорданием къикIа хьэщIэхэр щыIэу дытехуащ дэри. Абыхэм адыгэ фащэ къащэхуну арат. 
ЩапIэ-шхапIэр зыгъэпсар убых щIалэщ, Щолэхъухэ ящыщщ, и цIэр Ибрэхьимщ. Ар къыщIыхьэхэм гуапэу япожьэ, адыгэм я хъыбар яхуеIуатэ. 
Гусэрыкъуэ Мэхьмуд сурэтыщIу еджакъым. Мы Iуэхум иужь щихьам и ныбжьыр илъэс 24-м нэсат. Абы быдэу зыхуигъэувыжат и IэдакъэщIэкIхэр цIыхухэм щалъагъукIэ «мыр Гусэрыкъуэ Мэхьмуд ищIащ», - жаIэу къацIыхуу хъуну. ИкIи езым и хъэтI къыхихыжауэ, зыми хэмыгъуэщэну матхэ. 
- Пикассо и сурэтхэм ущеплъкIэ къыбгуроIуэ ар абы зэрищIар, - жеIэ Мэхьмуд. - Сэри хэкум къикIа хъыбархэм, си адэжьхэм жаIэжхэм седаIуэ щыхъум, Кавказыр си нэгу къыщIыхьащ, ахэращ сурэтхэр зытесщIыкIри. Мис ахэр ялъэгъуа нэужь, «Мэхьмуд и сурэтщ» жаIэмэ, си гуапэ хъунущ. 
Сурэт щIыным ипэ Гусэрыкъуэр пирографиекIэ зэджэм дихьэхащ. Мы IэщIагъэри жьы дыдэхэм ящыщщ. Пхъэр кърагъэсыкIыу сурэт традзэным хуэIэзэу дунейм куэд теткъым, ди лъэпкъэгъу сурэтыщIыр ар зыхузэфIэкIхэм ящыщ зыщ. Иджы Мэхьмуд пхъэ къигъэсыкIынымкIэ дерсхэр Тыркум щрегъэкIуэкI. Езыр-езыру зигъэса пэтми, а Iуэхум хуэшэрыуэ хъуащ. Абы и лэжьыгъэхэм нэр ятхьэкъуу дахэщ. 
Илъэс 29-рэ хъуауэ щIалэр пирографиеми (бжьакъуэ гъэщIэрэщIам) яужь итщ. ГъэщIэгъуэнракъэ, зригъэгъуэта IэщIагъэмкIэ егъэджакIуэщ Мэхьмуд икIи абы иролажьэ. Сурэт щIыныр фIыуэ илъагъу, дэзыхьэх Iуэхуу аращ. Сэ си кIуэгъуэм ирихьэлIэу Улапэ бжьакъуэр сурэту ищIын иригъэжьат. 
- Уэ хэкум укъикIри, Истамбыл укъэкIуащ, сэ мыр сощI - зы Iуэхум дызэхуишауэ жыпIэ хъунущ, - жеIэ Мэхьмуд. – Уэ сыпхуэзэн щыхъум, Мейкъуапэ къикIыу дуней псом цIэрыIуэ щыхъуа бжьакъуэ гъэщIэрэщIар сщIыну мурад сщIащ. 
Мис апхуэдэу дахэу къыспежьащ ди лъэпкъэгъу сурэтыщIыр. Адыгэ лъэпкъым и тхыдэр, щэнхабзэр, хабзэр илъагъуу, зэхихыу къэхъуащ Гусэрыкъуэр, и сабиигъуэм щегъэжьауэ а псори зыхилъхьащ. Пэжуи, апхуэдэу къэхъуа щIалэм нэгъуэщI гупсысэкIэ иIэнкIэ Iэмал иIэтэкъым. 
ЗалымыгъэкIэ зи хэку зрагъэбгына адыгэхэм ящыщащ Мэхьмуд и адэшхуэм и адэр. Абы Тыркум и Узун-Яйла щIыналъэм щыIэ Къайсэр къалэм къедза зы къуажэ псэупIэ хуэхъуащ. Аращ езы щIалэри къыщыхъуар, щапIар. Иджы илъэс 22-рэ хъуауэ Истамбыл щопсэу, ауэ и цIыкIугъуэм зэхихауэ лъым хыхьар кIуэдакъым. 
- Си адэшхуэм и адэжращ мыбы къэкIуар, ар ЛIыпIийхьэблэ дэтIысхьауэ щытыгъащ. Хьэжы Гусэрт абы зэреджэр, – къысхуеIуатэ Мэхьмуд я унагъуэм и хъыбар. – Си адэжьхэм хэкум щхьэкIэ жэнэт жаIэрт, ар сэ си тхьэкIумитIкIэ зэхэсхащ. Уэрэдхэр жаIэу, хъыбархэр къаIуатэу хьэщIэщым щIэсу зэрыщытар сощIэж. Хэкуми исщ ди унэкъуэщхэр, Тэуехьэблэ щопсэу. Гусэрыкъуэ Хъызыр соцIыху, дызэхуэзауэ щытащ. 
Зэрытхэм хуэдэурэ Мэхьмуд апхуэдэ хъыбархэр къеIуатэ. Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси 150-рэ щыхъу гъэм Мейкъуапэ къэкIуауэ щытащ ар. Абы щыгъуэм ящIа гъэлъэгъуэныгъэми хэтащ. Зи адэжь хэкур зылъагъуну зи насып къихьа щIалэгъуалэ закъуэтIакъуэм ящыщщ. 
Иджы адыгэхэр дызэIущIэну, дызэхыхьэну Iэмал диIэ зэрыхъуар жеIэри, игу къеуэри къыдыщIегъуж Мэхьмуд, ар я нэхъыжьхэм апхуэдизу я нэ къызыхуикI хэкур ямылъагъуу, я хъуэпсапIэр зрамыгъэхъулIэфу дунейм зэрехыжарщ. Ар къыщиIуатэкIэ, Мэхьмуд и нэпсыр къыфIыщIокI. 
Гусэрыкъуэ Мэхьмуд и IэдакъэщIэкI псоми ящIэлъыр лъэпкъ гупсысэрщ. ХьэщIэщхэм щызэхиха хъыбархэр иджы тхылъымпIэ напэм трещIыхь. Сурэтхэм ущеплъкIэ, зы лъэныкъуэкIи дахэу, щхъуэкIэплъыкIэу уаIуоплъэ, ауэ итIани фIыцIафэ-яжьафэу лъэпкъым къикIуа гъуэгуанэ хьэлъэр къаIуатэ. 
Сурэтыр щIын иуха нэужь, Гусэрыкъуэхэ я лъэпкъ дамыгъэр трегъэувэ лэжьыгъэм. АбыкIэ занщIэу къащIэнущ ар Мэхьмуд и Iэдакъэ къызэрыщIэкIар. 
Мэхьмуд и лэжьыгъэхэм я закъуэ Тыркум щагъэлъагъуэ, и IэдакъэщIэкIхэм щыщ музейхэм щIэлъщ. ачIэлъых. Иджыблагъэ абы и гъэлъэгъуэныгъэ щекIуэкIащ Бодрум. А къалэр зыгъэпсэхупIэ нэхъ цIэрыIуэхэм ящыщщ, абы къыхэкIыу ди лъэпкъэгъу сурэтыщIым и IэдакъэщIэкIхэр нэгъуэщI къэралхэм къикIа куэдым ялъэгъуащ. 
Сурэт имытхыу зы махуи дигъэкIыркъым Гусэрыкъуэ Мэхьмуд. Абы зы хъуэпсапIэ иIэщ, шэч хэмылъуи, ар и хэкум епхащ. 
- Хэкум си лэжьыгъэр щыIэну сыхуейщ, зы музей цIыкIу нэхъ мыхъуми щызгъэпсыну сыщIохъуэпс. Ари Тхьэм жиIэмэ, къыздэхъунщ, - жеIэ абы.
Мис апхуэдэу зэчиифIэхэу, я лъэпкъым хуэпэжхэу, я хэкум и хъыбар, и тхыдэ яIуатэу, адыгэм и цIэр фIыкIэ ягъэIуу исщ Тыркум ди лъэпкъэгъухэр». 
 

 

Къэбарт Мирэ.
Поделиться:

Читать также: