Фи щхьэцыр икIмэ

Бзылъхугъэхэр зыгъэгуауэщхьэуэхэм ящыщщ щхьэц къихуныр. Къапщтэмэ, дэтхэнэ цIыхуми и гъащIэм и кIыхьагъкIэ зэпымычу щхьэцыр къихум, абы ипэкIэ щIэ къикIэжурэ къэщIэрэщIэжу къигъэщIащ щIыуэпсым. Ауэ Iэрамэ-Iэрамэу къыхэлъэфымрэ мажьэм и дзэм жьэдэлъу къыхэбжьыкI закъуэтIакъуэмрэ зыкъым. Мис абдежщ гузэвэгъуэр къыщыпкIэщIэзэрыхьыр.

Аращи, щхьэцыр куэду икIыу гу зылъыфтэжамэ, псом япэ трихологым деж кIуэн хуейщ. Абы къихутэнущ икIи игъэхъужынущ щхьэц икIым щхьэусыгъуэ хуэхъуар. Щхьэусыгъуэ хъункIэ хъунури куэдыщэщ.

Зэхэзехуэн хъуа гормонхэр

Бгъэхъужыну нэхъ хьэлъэ дыдэр = гормонхэр зэтекIауэ, щхьэцым ар щефыкIым дежщ. Апхуэдэу мэхъу хъыджэбз цIыкIухэр балигъыпIэ щиувэ лъэхъэнэм, бзылъхугъэр щыуэндэгъум деж, и жьы хъугъуэм е гормон зыхэлъ хущхъуэ щефэкIэ. Пэжщ, щыIэщ бзылъхугъэ уэндэгъум и щхьэцри зэщIэцIууэжу Iув, и Iэбжанэхэри быдэ, езыри нэхъ гуакIуэ щыхъу. Ари зэлъытэжар гормонхэрщ. Ауэ зэфIэкIа нэужь, алъандэрэ ихун хуейуэ имыхуа и щхьэцхэр зэуэ ищэщын щIедзэ, и Iэбжьанэхэр пIащIэ мэхъу, и дзэхэм щэщэн щIадзэри, егъэгужьей, зыгуэр къыщыщIауэ къыщохъури. Мыбдеж гу лъытапхъэщ апхуэдэ щытыкIэр дохутырхэм къызэрыгуэкIыу къызэралъытэр, зэман дэкIмэ, псори зэрызэтеувэжынур.

Бзылъхугъэм щхьэусыгъуэншэу и щхьэцыр икIыу къыщыхъумэ, тестостерон жыхуиIэ гормоныр къилъытэн папщIэ лъы итын хуейщ. Ар цIыхухъу гормонщ, бзылъхугъэм куэду пкърытмэ - и щхьэцыр иригъэкIынущ. КъищынэмыщIауэ, тестостероныр зэрылъагэм и щыхьэтщ бзылъхугъэм и мазэ Iуэхухэр зэтекIамэ, и нэкIур къищэщмэ, сабий имыгъашхэми быдзышэр къеблэмэ, уэндэгъу мыхъуфмэ, эндокринолог зыкIэлъигъэплъыпхъэщ.

Щитовиднэ железа жыхуэтIэу цIыхум и пщэм кIэщIэт тыкъырыр тэмэму мылажьэмэ, абыи къыхэкIыфынущ щхьэц икIыр. Мыбдежми сэбэп хъунур эндокринологыр аращ.

Витаминхэмрэ минералхэмрэ

Iэпкълъэпкъым витаминхэмрэ минералхэмрэ хуримыкъумэ е ахэм ящыщ чэммэ, цIыхубзыр къарууншэ, нэщхъеирилэ, гъыринэ мэхъу, и щхьэцри къоху. Псом нэхърэ нэхъ дызыхуэныкъуэр железэщ. Аращи, лъы тын хуей хъуамэ, япэ дыдэу зэплъыр аращ. Витаминхэр чэм щыхъур цIыхур тэмэму мышхэмэщ: диетэ зэмылIэужьыгъуэхэм тесмэ, шхэгъуэхэр дигъэхумэ, лыхэкI, гъэшхэкI, хьэцэпэцэ зэмылIэужьыгъуэхэр имышхмэ нэхъ уэд хъуну къыщыхъуу и Iэнэм трихамэ. ЦIыхур къызыхэкIар щIыуэпсыр аращи, а щIыуэпсым шхыныгъуэу кърита псори ишхын хуейщ витаминхэмрэ минералхэмрэ щымыщIэн щхьэкIэ. Абы щхьэц ихум и закъуэкъым, узыфэ зэмылIэужьыгъуэ Iэджи къыхокI!

Фымыгузавэ!

ЦIыхум гуныкъуэгъуэ гуэр иIэмэ, гузавэмэ, къэгубжьыреймэ, ешмэ, къыщитхъмэ - Iэпкълъэпкъым ар зыхещIэ, зэран хуохъу щхьэцми. Ар гузэвэгъуэм къыхэкIа  Iуэхугъуэмэ, цIыхум ар зэрыщхьэщыкIыу щхьэцри Iуву къытоувэж. Ауэ зэпымычу апхуэдэ щытыкIэ уизыгъэувэ лэжьапIэ уIутмэ, унагъуэкIэ гукъеуэ щыIэмэ е уи псэр гугъу езыгъэхь, гукъыдэжыншэу ущызыгъэт щытыкIэм уиубыдыпамэ, а псори къызэтезыгъэувыIэн дохутыр ухуэныкъуэщ, сымаджэ дыдэ ухъуну, уи щхьэцыр икIыпэну ухуэмеймэ.

КIуэцI узхэр

ЦIыхур псэкIэ гугъу зэрехьым и закъуэ мыхъуу, IэпкълъэпкъкIи уз зэхуэмыдэхэр къыщефыкIым деж абы и къарур щIихыурэ и щхьэцыр иригъэхункIи мэхъу. Псалъэм папщIэ, радиооблучение, химиотерапие, фошыгъу уз, лъы мащIэ, зэкIуэцIынэ, остеохондроз, поликистоз, е, къызэрыгуэкI аллергие, нэгъуэщIхэри щхьэусыгъуэ хуэхъуфынущ.

Хущхъуэ зэхуэмыдэхэр

Мы къедбжэкIа узыфэ псори согъэхъуж жиIэурэ цIыхум зрихьэлIэ хущхъуэхэри нэхъ зэраныж щыхъу щыIэщ, щхьэцыншэу укъагъанэу. Апхуэдэ къэмыхъун папщIэ, хущхъуэхэм я гъусэу къакIуэ тхылъымпIэхэм феджэ, абы итщ ар зэран зэрыхъункIэ хъуну щIыкIэр. Е дохутырым фечэнджэщ. Апхуэдэ хущхъуэ гуащIэхэм ящыщщ грибокхэм, депрессием, лъы дэуейм, гепатитым зэребэнхэр, стероидхэр, узыгъэгъутхъэхэр, десэжауэ дэтхэнэ зыми куэду зетхьэ аспириныр.

Фыхуэсакъ!

Зыщывмыгъэгъупщэ щхьэцым хуэсакъын зэрыхуейри: химиекIэ гъэунтIэрэзыным, лэным, фенкIэ гъэгъущыным, Iэмэпсымэ пщтырхэмкIэ щIэжьыкIын жыхуэфIэр щхьэцымкIэ зэранщ, егъэгъущ, и дахагъэри къарури щIехри, кърегъэху. Фи щхьэр зэрыфхущI шампуныр набдзэгубдзаплъэу къыхэфх, мыбдеж «фIыр умыщIэм - лъапIэр къэщэху» жыхуиIэр чэнджэщыфIщ. Щхьэцыр быдэу яухуэнкъым, цIыхум и напIэр хишыжауэ якъузу зыщIакъуэркъым. Абы ар къызэрыригъэхум къищынэмыщIауэ, щхьэузи къыхокI.

Лъыр тэмэму земыкIуэмэ

Щхьэц лъабжьэм лъыр тэмэму емыкIуалIэмэ, ныбаджэм икIуэдыкIам хуэдэу, щхьэцри холIыкI. Апхуэдэ щытыкIэр къыхокI кофе, фадэр куэду зэхьэлIэным.

Анэдэлъху уз

Щхьэц пIащIэмрэ ар къихунымрэ анэдэлъху узу зэфыкI щыIэщ, нэгъуэщI щхьэусыгъуэ зыри имыIэу. Апхуэдэ щытыкIэр илъэс 40-хэм деж нэхъри мэятэ.

ЗэрыгурыIуэгъуэщи, бзылъхугъэм и щхьэц икIым и щхьэусыгъуэр къэхутэныр – Iуэхум и зэхуэдитIщ. АдэкIэ трихолог-эндокринологыр фи Iэпэгъущ.

Фырэ Анфисэ.

 

 

 

Поделиться:

Читать также: