Благъуэм и илъэсым дауэ дыпежьэрэ?

Дызытехьа 2024 гъэр Благъуэ ЩхъуантIэм и илъэсщ икIи абы зэхъуэкIыныгъэфIхэр къыдэкIуэну, гъащIэр дефIэкIуэну, зиужьыну къалъытэр.
Китай махуэгъэпсымкIэ, тхьэкIумэкIыхь фIыцIэм и гъэр благъуэм зэрехъуэкI. Дзыгъуэм и илъэсыр жылагъуэм къегугъуэкIами, благъуэм и илъэсыр нэхъ къехъулIэну хуагъэфащэр. Китай IуэрыIуатэм мафIэр зи нэщэнэу къыхэщ благъуэр и хьэлкIэ зэпIэзэрыту щымытми, плъыфэ щхъуантIэмрэ пхъэмрэ ягъэсабыр. Благъуэр мамырыгъэм и телъхьэу, ехъулIэныгъэмрэ къэщIэрэщIэжыныгъэмрэ я щIэдзапIэу къалъытэр. Махуэшхуэхэр, гуфIэгъуэ зэхыхьэхэр, хьэщIэхэр зыфIэфI, Iущыгъэрэ къарууфIагъэрэ зи нэщэнэ благъуэм и нэфI къыпщыхуэн папщIэ, дызыхуэкIуэ мазэ 12-м абы и хьэл-щэнхэм зыдебгъэкIун хуейщ.
Благъуэм пцIыр и жагъуэщ, унагъуэ быдэхэр, зэкъуэтхэр, зыр адрейм дэIэпыкъухэр фIэфIщ. А псом къыдэкIуэу творчествэр зыхилъхьэ щы1экъым, захуагъэм и телъхьэщ. А псэущхьэр къыдэфхьэхынумэ, фэилъхьэгъуэ плъыфэ щхъуэкIэплъыкIэхэр (плъыжьыфэхэр, щхъуантIафэхэр, дыщафэхэр), цIугъэнэхэр, мывэ лъапIэхэр, дыщэхэкIхэр, удз щхъуантIэхэр нэхъыбэу зефхьэ. Абы пщIэ къыхуэзыщIым, езым хуэдэу жэуаплыныгъэ зыхэлъым, и пэкIэ кIуэ, хуэныкъуэхэм ядэIэпыкъу цIыху жыджэрхэм ар ехъулIэныгъэ инкIэ хуэупсэфынущ. Саугъэт папщIэу жьауэ, бохъшэ, сыхьэт, Iэлъэ, гъуджэ, мафIэм пыщIэныгъэ хузиIэ нэгъуэщI хьэпшыпхэм защывдзей. Благъуэм IэфIыкIэхэр, пхъэщхьэмыщхьэхэр зыхилъхьэ щыIэкъым, шхыныгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр, хэплъыхьахэр, шыбжий сыр зыхэлъхэри къызэщIиубыдэу и жагъуэкъым. Нэхъыщхьэращи, унагъуэм исхэм яку зэгурымыIуэныгъэ къыдэхуамэ, гъэр фызэкIужауэ къивгъэхьамэ фыщыуэнукъым.
Благъуэм и илъэсым пхъэм мыхьэнэрэ щIэупщIэрэ иIэнущ. Китай щэнхабзэмкIэ пхъэр щIэныгъэм, творчествэм, къэхутэныгъэм, хэхъуэм я нэщэнэщ. Илъэсым къриубыдэу фIы къыдэкIуэну къалъытэр пхъэм къыхэщIыкIа хьэкъущыкъухэр, дыщэ жьгъей теплъэ зиIэ статуэткэхэр, шэху уэздыгъэхэр, благъуэ е нэгъуэщI теплъэ зиIэ хьэпшыпхэр зепхьэмэ. Ахэр зэбгъэпэщу къэбгъэсэбэпмэ ехъулIэныгъэфIхэр къыдэкIуэну ябж. .

ТЕКIУЖЬ Заретэ
Поделиться: