НэхъыфIхэм япеуэфыну къуажэ школ

Дагъыстэным хыхьэ Сулейманстальскэ щIыналъэм школ гъэщIэгъуэн къыщызэIуахащ. Цмур къуажэм дэт курыт школыр дзэм хэта Шайдаев зэкъуэшхэм я мылъкукIэ 20I6 гъэм щIэрыщIэу яухуэжауэ щытащ, абы лъандэрэ цIыхухэр фIы защIэкIэ зытрегъэпсэлъыхь.
Мы еджапIэр апхуэдизкIэ цIэрыIуэ хъуащи, къуажэ жыжьэхэм кърашурэ сабийхэр къыщIагъэтIысхьэ. Уней мылъкукIэ зэрагъэпэща еджапIэм Урысейм нэхъ егъэджакIуэ нэхъыфIу исхэр кърашэлIащ ар къызэзыгъэпэщахэм. Сабийхэм а еджапIэр еджэнми лэжьэнми хуэщIауэ къаух, гъэсэныгъэ дахи щагъуэт. И ухуэныгъэ нэхъыщхьэм нэмыщI, Цмур школыр унэ цIыкIу зыбжанэу зэхэтщ, дэтхэнэ зыри щIэныгъэ щхьэхуэм хухэхауэ. Мэкъумэшыр япэ ирагъэщу къежьа щхьэкIэ, мыбы щылажьэхэм махуэ къэс щIэ гуэр къагупсыс, я еджакIуэхэри абы драгъэхьэхыф. Псалъэм папщIэ, курыт еджапIэхэм я программэм «труд» дерсыр хагъэхьэжын унафэр Къэрал Думэм къыщищтар иджы дыдэщ. Ауэ щыхъукIэ, Цмур школым куэд щIауэ дэрбзэр класс яIэщ, бзэнми дэнми ущыхурагъасэу.
Унэ зэтетитI къудейуэ къежьащ Цмур школыр. Кавказ Ищхъэрэм псынщIэу цIэрыIуэ щыхъуа еджапIэр иджы Урысейм нэхъыфI дыдэу итхэм хабжэ. Губзыгъэу Iуэхум халъхьар сыт жыпIэмэ, къуажэм зэрыдэтым щхьэкIэ, сабийхэм мэкъумэшым куууэ хащIыкIыу, хадэм е губгъуэм щылэжьэным есауэ къотэдж. Дызэрыт 2023 гъэм школым шэфтал къыщагъэкIын щIадзащ, джэд щагъашхэ, хадэхэкIхэр, пхъэщхьэмыщхьэхэр щагъэкI, хуабэщхэр щызэрагъэпэщащ.
Школым и унафэщI Ежов Сергей Санкт-Петербург нэс къикIри къэIэпхъуащ мы дагъыстэн къуажэ цIыкIум. «Уней школ гуэрым урысыбзэмрэ литературэмкIэ щезгъэджащ, - игу къегъэкIыж Сергей. – А псор хыфIэздзэри, Дагъыстэным сыкъэкIуащи, абы зы махуи сыхущIегъуэжакъым».
Сом мелуан 60 трагъэкIуэдащ Шайдаев зэкъуэшхэм школыр зыщIэс ухуэныгъэхэм. Езыхэри мы къуажэм зэрыщыщрат апхуэдизу щIелIалIэри, я хэку цIыкIум абыхэм щащIамкIэ тхыдэм къыхэнэну хуэфащэщ. Сабийхэр щебгъэджэну уигу зыхуэмыкIуэж школ унэжьыр якъутэжри, ар здэщыта щIыпIэм деж япэ унэ зэтетыр щаухуащ, ауэрэ абы къыгуащIыхьащ нобэ къалэ цIыкIум ещхьу зызыубгъуа, дачэ унэхэм ещхьу гуакIуэ къудамэщIэхэр. Сабий 48-рэ фIэкIа зыщIэмыса школым зиубгъури, цIыхуи I70-м нэсащ. Абдежми къыщымыувыIэу, зи мылъку хэзылъхьэхэм фонд къызэрагъэпэщащ, халъхьэ псори школым трагъэкIуадэу. Абы лъандэрэ Урысей псом нэхъыфIу щылажьэу зэхах егъэджакIуэхэр ирагъэблагъэ. Езыхэм я мылъку зэраIэжым и фIыгъэкIэ, школым и инфраструктурэми зеужь, адрейхэм ямыIэ Iэмэпсымэхэр къащэхуф. Сабийхэм хадэм къыщIах пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIхэмрэ яшх икIи ящэ.
Сусловэ Яни Санкт-Петербург къиIэпхъукIри къэкIуащ Дагъыстэн къуажэм щылэжьэну, зэрыригъаджэр географиерщ. Апхуэдэ къудамэм епха егъэджакIуэм Кавказми абы щызекIуэ щэнхабзэ къызэрымыкIуэми и курыкупсэм къызэрыщыхутар фIэфIщ, и нэкIэ илъагъумкIэ и щIэныгъэм хигъахъуэу къыщохъу. «Мыбы щылажьэ егъэджакIуэхэм сабийхэм зыгуэр бгъэдалъхьэныр къафIэIухуу щытщ, абыхэм хьэлыфI зыхрагъэлъхьэну, ипэкIэ ягъэкIуэтэну хуейщ».
Дэнэ-тIэ щыпсэур Урысейм и лъэныкъуэ псомкIи къраша егъэджакIуэхэр. Абыхэм папщIэ школ пщIантIэм дащIыхьащ фэтэр куэду зэхэт унэшхуэ. Дагъыстэным щымыщ егъэджакIуэхэр абы пщIэншэу щIагъэс. Цмур курыт школыр иджыри зэрыцIэрыIуэхэм ящыщщ абы тIэунейрэ президент грант къызэрихьар.

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также: