Спорт хъыбархэрДзюдоистхэр Налшык щызэIуощIэКъэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, илъэсыщIэм и япэ махуэхэм Налшык къалэм щекIуэкIащ къэралым и щIыналъэхэм я дзюдоистхэм я зэIущIэ. Ар хуэунэтIауэ щытащ спортсменхэм я зэфIэкIхэр къэпщытэным, я Iэзагъым хагъэхъуэн папщIэ зыхуэныкъуэхэм, зэлэжьыпхъэхэм зыщыгъэгъуэзэным. ЗэIущIэм хэтащ Мэзкуу, Тюмень областхэм, Кавказ Ищхъэрэм хыхьэ щIыналъэхэм я бэнакIуэхэр, нэгъуэщI щIыпIэхэм къикIахэри, псори зэхэту 500-м щIигъу, я ныбжькIэ илъэси 10-м къыщыщIэдзауэ 21-м нэблагъэм нэсыху. Фишер и шахматымкIэНалшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым Фишер и шахматымкIэ япэ чемпионат. Абы хэтащ республикэм и районхэм я лIыкIуэу цIыху 40-м нэблагъэ. ГъэщIэгъуэну икIи удэзыхьэхыу щыта зэIущIэм япэ увыпIэр къыщихьащ Темыркъан Давид, етIуанэ хъуащ Джэдгъэф Чэмал, ещанэр Текуев Эмирщ.
Поделиться:
Читать также:
04.05.2024 - 11:00 →
Урысейм и чемпион Шэрий Иналбэч
03.05.2024 - 17:48 →
Спортсмен цIэрыIуэм и фэеплъу
03.05.2024 - 16:51 →
Алим кIэух зэпеуэм хэтынущ
03.05.2024 - 15:27 →
ЕтIуанэ увыпIэр къахь
03.05.2024 - 09:58 →
Балъкъыз Камилэ дыщэ медаль къехь
|