«Эдельвейс»-м и ехъулIэныгъэ лъагэ

Гъуазджэ

Ди къэралым и къалащхьэ Москва иджыблагъэ щекIуэкIащ «Урысейм и пэрытхэр» фIэщыгъэр зиIа дунейпсо ныбжьыщIэ фестиваль-зэпеуэ. Абы хэтащ УФ-ми хамэ къэрал зыбжанэми я щэнхабзэ творческэ гупхэр, абыхэм я лIыкIуэхэр. Дунейпсо фестивалым и утыкур зыгъэбжьыфIахэм ящыщщ ди республикэм щыцIэрыIуэ «Эдельвейс» сабий къэфакIуэ ансаблри. НыбжьыщIэхэр зэпеуэшхуэм хэта къудейкъым, атIэ абы щытекIуэри, Гран-при саугъэт нэхъыщхьэри къыхуагъэфэщащ.
 «Эдельвейс» творческэ гупым хэтхэм утыкушхуэм щагъэзэщIа къафэхэр, псом хуэмыдэу «Къафэр», зэпеуэм и къэпщытакIуэхэм хуабжьу ягу ирихьащ. Илъэси 7 - 15 хъу ныбжьыщIэхэм дахэу, екIуу, Iэдэбу зэрызаIыгъым, зэдэууэ къафэхэр зэрагъэзащIэм димыхьэха щIэмысами ярейщ Iуэхур щекIуэкIа пэшышхуэм.
- Дэ фестивалым хуэдгъэхьэзыра къафэхэм ящыщу блым зэпеуэм и япэ увыпIэхэр къыхуагъэфэщащ, еянэ «Къафэм» Гран-при-р къыпагъэкIуащ. А саугъэт нэхъыщхьэр къыдатащ ди ныбжьыщIэхэм утыкум къыщагъэлъэгъуа зэфIэкI лъагэхэм папщIэ, - жеIэ къэфэкIэм щыхуагъасэ «Эдельвейс» школым и къызэгъэпэщакIуэ икIи унафэщI Щоджэн Олеся. - КъэпщытакIуэ гупым хэтхэм хуабжьу ягъэщIагъуэрт ансамблым къыщыфэ сабийхэм ябгъэдэлъ зэфIэкIхэр, абыхэм я утыку итыкIэ къызэрымыкIуэр, ящыгъ фащэ екIухэми дахьэхат. НыбжьыщIэхэм я лъэр нэхъри жан ищIащ а текIуэныгъэ лъагэм, а цIыкIухэм ягури, я псэри етащ лэжьыгъэщIэхэм, ехъулIэныгъэщIэхэм.
Щоджэн Олеся фIыщIэ ин хуещI къэфакIуэ ныбжьыщIэхэр зэпеуэм хуэзыгъэхьэзырахэу IэщIагъэлI щыпкъэхэу Бахъуэ Азрэтрэ Дер Иринэрэ.
 «Эдельвейс» къэфакIуэ ансамблым а псоми къищынэмыщIауэ къыхуагъэфэщащ сом мин 30 къызыпэкIуэ сертификати. А мылъкум къэфакIуэ ныбжьыщIэхэм Iэмал къаритынущ дяпэкIэ зыхэтыну зэпеуэхэм пщIэншэу хыхьэну.
«Урысейм и пэрытхэр» дунейпсо фестиваль-зэпеуэм хэтахэм ящыщ дэтхэнэри ягъэпэжащ щIыхь тхылъхэмрэ саугъэт зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ, щхьэж абы къызэрыхэбелджылыкIа унэтIыныгъэм елъытауэ. Iуэхум и къызэгъэпэщакIуэхэм зэрыжаIамкIэ, зэпеуэм и мурад нэхъыщхьэр сабий, ныбжьыщIэ творчествэм къэралым адэкIи зыщегъэужьынырщ, зэчиифIэхэм защIэгъэкъуэнырщ.
 

 

ЖЫЛЭ Марэ.
Поделиться: