Адыгэ пащтыхьхэм я гъыбзэ

Адыгэм тхыбзэ щимыIа лъэхъэнэм и тхыдэр зэрихъумэжар IуэрыIуатэрэ уэрэдыжьхэмкIэщ. Апхуэдэ защIэкIэ ди нэхъыжьыфIхэм нобэм къахьэсыжащ лъэпкъым нэщIэбжьэрэ зауэ-банэу и нэгу щIэкIар. Зи гугъу тщIы зэманыжьым яуса уэрэдыжьхэм ящыщщ «Адыгэ пащтыхьхэм я гъыбзэ» жыхуиIэри.

Уэрэд къэс и хъыбар иIэжщ, гъыбзэм и лъабжьэр нэхъ гуащIэжщ. Дызытепсэлъыхь гъыбзэр 1962 гъэм ХъуэрэлI Айдэмыр жиIэу КъардэнгъущI Зырамыку магнитофонкIэ иригъэтхауэ щытащ, иужьыIуэкIэ, тхылъымпIэм тетхауэ Щамым къикIыу Елбэрд Хьэсэн къыхуригъэхьауэ жаIэж.

Кавказышхуэ гущэмэ и къуршхэри,

Уар, мы дунеишхуэ гущэмэ и тажи!

Тэджэлейхэр ящыгъыурэ

Адыгэу исхэр щызокIуэ!

 

Тэджэлей гущэмэ ящыгъыурэ,

Уар, адыгэу ис гущэхэр щызокIуэ!

ЗекIуэлIу щауэхэм

Хуарэ Iэдэжхэр зэрашэ!

 

Уар, зекIуэлIуэ щауэхэм,

Уар, хуарэ Iэдэж гущэхэр зэрашэ!

Дзэшхуэр зезышэрэм

Вагъуэшхуэ лыдыр и гъуази!

 

Уар, дзэшхуэр зезышэрэм,

Уой, вагъуэшхуэ лыд гущэхэр и гъуази!

Шу гъуазэу диIэхэм

ГъуазэпщIэ Iыхьэхэр хухахи!

 

Уар, шу гъуазэу диIэхэм,

Ар, гъуазэпщIэ Iыхьэ гущэхэр хухахи.

Хы щIыб къикIауэрэ

Тыркужьхэм я дзэхэм дозауэ.

 

Уор, хы щIыб къикIауэрэ,

Уар, тыркужьхэм я дзэ гущэмэ дозауэ!

Тыркужь зауэлIхэмэ

Ди ныбэрылъхэр кърадзи!

 

Уар, тыркужь зауэлIхэмэ,

Уай, ди ныбэрылъ гущэхэр кърадзи!

Сабий кърадзхэри

Тыркужьхэм я хьэхэм ныхуадзи!

ЗэрыжаIэмкIэ, мы гъыбзэр лъэпкъым къыдекIуэкI уэрэдыжьхэм я нэхъыжь дыдэхэм ящыщщ. Адыгэ пщыжьхэм цIыху къэдыгъуныр, щэныр хабзэ Iейуэ щахэлъа лъэхъэнэщ ар къыздикIыр. Абыхэм тепыIэгъуэ ямыIэу, дыгъужь нэщIам хуэдэу, къаущыхьырт, хъунщIэрт, къахуэшхыр къашхырт. Я лъэпкъэгъу, хамэ жаIэу зэхадзыртэкъым, зэкъуэхуауэ къагъуэтыр кIэсу къахьырт, е къуажэ теуэрти, гъэр къахуэщIыр къадыгъурт. Абы нэхъыкIэжрати – нэгъуэщI щIыналъэхэм яхьурэ ящэжырт.

Адыгэ пщащэхэр апхуэдизкIэ дахэт, зэкIужт, щIалэхэр хахуэти, ахэр куэду ящэхурт кърым хъанхэмрэ тырку пащэхэмрэ. Тыркум ищэху ди хъыджэбзхэр гаремым щаIыгът, щIалэхэр зауэлIу ягъасэрти, дзэм хагъэхьэрт. Кърымым ищэхуар Тыркум иращэжу, Тыркум нэсар Мысырым нагъэсыжурэ апхуэдэущ дуней псом щыцIэрыIуэ адыгэ мамлюкхэр Африкэ жыжьэм къызэрыщыхутар. А зэманым дунейм и щIэлъэныкъуэр сулътIанхэм яубыдауэ Тыркум и унафэ щIэтт. Мысырри арат. Адыгэ зауэлIхэр пщтырт, егъэлеяуэ хахуэти, ахэр куэд къыщызэрыгъэхъум тырку сулътIаным и цIэкIэ Мысырым тет эмирыр трагъэкIуэтри, властыр адыгэ зауэлIхэм яубыдащ. Абдеж щыщIидзэри, зыр текIмэ адрейр техьэу адыгэхэм Мысырыр зэрахьащ илъэс 300-м нэблагъэкIэ.

СулътIан Сэлимым пащтыхьыгъуэр къылъыса нэужь псоми зихъуэжащ… Мысырым пащтыхьыгъуэр щызыубыда адыгэ мамлюкхэм зауэ ярищIылIэри, гущIэгъуншэу зэтриукIауэ щытащ икIи адыгэ пащтыхьу абы иужь дыдэу тета Тумэн-бей и щхьэр пилъащ. Абы и закъуэ! Адыгэ бзылъхугъэ лъэщыджэхэм я ныбэр зэгуипхъыурэ, щIалэ цIыкIу къакIуэцIыкIмэ, абы нэгъунэ я щхьэр пиупщIыну псалъэ итат. ЗэрыжиIа дыдэм хуэдэуи ищIащ…

 «Тыркужь зауэлIхэмэ ди ныбэрылъхэр кърадзи!», - жи. Аращ зи гугъу ищIыр.

ФЫРЭ Анфисэ.

Поделиться: