Псоми чэзу яIэщ

Илъэс тIощIырыпщIкIэ дызэIэбэкIыжмэ, нобэ дуней псор зэщIэзыщта хуабэщхэр щыIэххэу щытакъым. Пэжщ, сотыхих зыIыгъ къалэдэсхэм я щIы кIапэ тIэкIухэм целлофаныщхьэ зытелъ парник цIыкIухэр яIэу щытащ. Абыхэм гъатхэхуэкIуэу помидор, нащэ жылэхэр нэхъ пасэу щыхасэрти, гъэтIысыныпхъэхэр езыхэр зэрыхуейуэ къыщагъэкIырт, бэзэрым къыщамыщэхун щхьэкIэ. Иджы тлъагъуращи, пхъэщхьэмыщхьэ, хадэхэкI къабзэкIэ цIыхур зыщыгугъыу щыта къуажэ шыгъуэгу хадэхэр зэрыщыту хуабэщщ. Зыри нэгъуэщI хуеижкъым. Плъагъурэ, абы ахъшэ хьэзыр къыщIах илъэсым хуэзэу тIэуней-щэнейрэ. Ахэр зыщIэхэри щIымахуэ хадэхэкIхэр гъэм и кIыхьагъкIэ зэпыу имыIэу шхын хуейуэ къэзылъытэхэри цIыхум и узыншагъэм зыкIи егупсысыжыххэркъым.

Къапщтэмэ, щIымахуэм хадэхэкIхэр цIыхухэм я гум къихьэу щытакъым, «щIымахуэ мэракIуэ» жаIэу къекIуэкIырт, къэхъун хуэмейм тражыIыхь псэлъафэу. Иджы щIымахуэ къыпцIэри, балийри, уеблэмэ хъарбызри дэни щIэлъщ. АтIэ сэбэпу пIэрэ ахэр? Абы и жэуапыр къыватынущ  "ГъавэхэкIхэм я фIагъыр къэхутэнымкIэ» Кавказ Ищхъэрэ центрым и щIыналъэ къудамэм и лэжьакIуэхэм.

МэракIуэIэрысэр витаминхэмрэ минералхэмкIэ къулейщ, ауэ щIымахуэу ягъэкIам ахэр къахэбгъуэтэнукъым. Апхуэдэ пхъэщхьэмыщхьэхэм я нэхъыбэр къыщагъэкIыр нэгъуэщI къэралхэм (Армением, Сербием, Алыджым, Египетым) я хуабэщхэрщ. Абы къыхэкIыу ахэр хэхъуэн папщIэ химие пкъыгъуэхэмкIэ (гормонхэмкIэ, нитратхэмкIэ) елэжьын хуей мэхъу, хьэпIацIэхэм щахъумэн папщIэ щхъухьхэри къагъэсэбэп. МэракIуапцIэм езым узхэр хуэлъэщ, зэпыу имыIэу елэжьын хуейуэ. КъищынэмыщIауэ, ахэр иджыри ныкъуэхъуу къыпач, зыри къащымыщIу щIыпIэ жыжьэхэм нашэсын щхьэкIэ. Гъуэгум тетурэ плъыжьыгъэ къащIохьэ, я инагъми хохъуэ, ауэ IэфI ящIэлъкъым, мэ лъэпкъи къакIэрихыркъым. Ахэр нэхъыбэрэ щылъын щхьэкIэ антибиотикхэмкIэ щелэжьи щыIэщ.

ЩIымахуэ мэракIуэхэр къэзыщэхухэм къахуэщIэну Iэмал яIэкъым абы хэлъ химикатхэмрэ нэгъуэщI пкъыгъуэ зэранхэмрэ зыхуэдизыр, арщхьэкIэ пхъэщхьэмыщхьэм и теплъэ къудейми куэд къыбжеIэ.

ЩIымахуэ мэракIуэхэкIхэр ткIийщ, зэрыжытIащи, мэи-щхьэи яIэкъым, IэфIыншэщ, къущщ, витамин яхэлъкъым, зэрыщытын хуейм хуэдэу Iум иткIухьыркъым, пхъашэу  къинэ мыхъумэ. Ар зышххэм ямылейуэ емыгуауэ щхьэкIэ, аллергие къаритынкIэ шынагъуэщ, псом хуэмыдэу сабийхэм. ЦIыхубз уэндэгъухэм ямышхыххэмэ нэхъыфIщ - нитратхэр дунейм иджыри къытемыхьа сабийм егуэуэнущ. ЩIымахуэ мэракIуэхэкIхэм хэлъ нитратхэр, антибиотикхэр, гъущI хьэлъэхэр зыхуэдэмрэ зыхуэдизымрэ щыуагъэншэу къыщапщытэнущ  зи гугъу тщIа центрым и лабораторием.

ГъавэхэкIхэм я фIагъыр къыщапщытэ

центрым и Кавказ Ищхъэрэ къудамэ. 

 

Поделиться:

Читать также: