ПсэукIэр ирагъэфIакIуэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым фэтэр куэду зэхэт унэу 67-рэ къызыхуэтыншэу щызэрагъэпэщыжынущ 2024 гъэм къриубыдэу, лифту 22-рэ абыхэм щызэрахъуэкIынущ. Лэжьыгъэхэр щекIуэкIынущ республикэм и щIыналъэ псоми.

Унэхэр сыт и лъэныкъуэкIи зыхуей хуэзэу зэгъэпэщыжын лэжьыгъэхэм хохьэ я щхьэхэр зэхъуэкIыныр, унэ IуплъапIэхэр къэгъэщIэрэщIэжыныр, абы екIуалIэ бжьамийхэр, ток кIапсэхэр, н.къ. зэхъуэкIыныр, щIыунэхэр тэмэму къищIыкIыжыныр, нэгъуэщIхэри. Апхуэдэ Iуэхугъуэхэм я фIыгъэкIэ фэтэр куэду зэхэт унэхэм щIэсхэм я псэукIэр йофIакIуэ, нэхъ тынш мэхъу.

Фигу къэдгъэкIыжынщи, Къэбэрдей-Балъкъэрым фэтэр куэду зэхэт унэхэр къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжынымкIэ и фондыр Урысей Федерацэм и щIыналъэ оператор нэхъыфIипщIым хагъэхьащ.

                                                        ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

 

Поделиться: