Бжьамийхэр зэрахъуэкI

Шэджэм щIыналъэм жьы хъуа бжьамийхэр зэхъуэкIыным ехьэлIа лэжьыгъэхэр щокIуэкI. Псалъэм къыдэкIуэу, дызэрыт илъэсым Шэджэм Ипщэ къуажэм къыщагъэщIэрэщIэжынущ псори зэхэту километри 3,2-рэ зи кIыхьагъ бжьамийхэр.

Псы къабзэр IуэхущIапIэхэм, унагъуэхэм зэрырашалIэхэр илъэс куэд дыдэ хъуауэ къагъэсэбэп икIи ахэр щIыпIэ-щIыпIэкIэрэ къыщыпхеудри, гугъу ирегъэхь. Иджы апхуэдэ бжьамийхэр зэхъуэкIыныр  мы гъэм щызэхаублэнущ Каменкэ жылэм и Революционнэ уэрамым, Щхьэлыкъуэ и Мир, КIэрэфым и цIэр зезыхьэ уэрамхэм. Абыхэми я кIыхьагъыр зэхэту километри 4-м щIегъу. Шэджэм къалэм Пщынокъуэмрэ Къардэнхэмрэ я цIэхэр зезыхьэ уэрамхэми километритI зы кIыхьагъ бжьамиижьхэр щызэрахъуэкIынущ.

Къыхэдгъэщынщи, 2020 гъэм къыщыщIэдзауэ «Псы къабзэ» къэрал программэм ипкъ иткIэ муниципалитетым и мылъкукIэ жьы хъуа бжьамийуэ километр 90-м нэблагъэ зэрахъуэкIащ, псы къызэрыщIаш ухуэныгъэу 10 ягъэуващ.

                                                 ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

 

 

 

 

Поделиться: