2024 гъэми пащэнущ

Къуажэ гъащIэ

УФ-м «Къуажэхэм зегъэужьын» и къэрал программэр гъэзэщIэным Къэбэрдей-Балъкъэрым 2024 гъэми щыпащэнущ.

Iуащхьэмахуэ щIыналъэм зи гугъу тщIы программэм хыхьэу IуэхущIапIэу 4-м псы езышалIэ бжьамийхэр щызэрахъуэкIынущ, къищынэмыщIауэ сабий сад, спортым щыхуагъасэ школ, ныбжьыщIэхэр гъуазджэм щыхурагъаджэ центр иджырей мардэхэм къитIасэу щызэрагъэпэщыжынущ.

 ИужьреитIым ехьэлIа лэжьыгъэхэр илъэситIкIэ екIуэкIынущ: 2024 гъэм къыщыщIэдзауэ 2025 гъэри хыхьэу.

Программэм ипкъ иту, Бахъсэн, Аруан районхэм я къуажэхэм пхрыкI гъуэгухэр къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжынущ.

Абы нэмыщI, 2023 гъэм республикэм и районищым къыщрахьэжьауэ щыта Iуэхухэм щыпащэнущ: ЩэнхабзэмкIэ унэхэр Псыхъурей, Эльбрус къуажэхэм щызэфIагъэувэнущ, спорт комплексыщIэрэ топ джэгупIэрэ Щхьэлыкъуэ къуажэм щаухуэнущ.

Зи гугъу тщIы лэжьыгъэм, федеральнэ, республикэ бюджетхэм къыхэкIыу, 2024 гъэм, псори зэхэту, сом мелуан 387,4-м нэблагъэ трагъэкIуэдэнущ.

Къэрал программэр республикэм зэрыщагъэзащIэм кIэлъыплъыр КъБР-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэрщ.

КЪАНКЪУЛ  Раисэ.

 

Поделиться: