Календарь событий

05 июня 2020

Хатшепсут - япэ фирхьэун цIыхубз

Хатшепсут ди эрэм и пэкIэ 1504 - 1482 гъэхэм Мысырым щыпсэуа, пащтыхьыгъуэр­ илъэс куэдкIэ зезыхьа бзылъ­хугъэщ. Къыхэгъэ­щыпхъэщи, Хатшепсут и пащты­хьыгъуэм Мысырым хуабжьу зригъэужьащ, ухуэ­ныгъэ телъыджэхэр ири­гъэ­щIащ, зауэшхуэ зыбжа­нэм щытекIуащ.

Япэ адыгэ скульптор Къалмыкъ Фёдор

Къэбэрдей-Балъкъэрым и япэ адыгэ скульптор Къалмыкъ Фёдор Батырбэч и къуэр псэужамэ,  мы гъэм илъэс 88-рэ ирикъу­нут. Ар ­Бахъсэн ­районым хыхьэ Куба къуажэм 1932 гъэм къыщалъ­хуащ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэ зыбжанэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

№51-ПП                       2020 гъэм гъатхэпэм и 25-м                Налшык къалэ

Дунейм адыгэу тетыр мелуани 10-м нос

Хьэтхэм къатехъукIыжауэ, адыгэ лъэпкъ уардэр тенджыз ФIыцIэ Iуфэмрэ Джылахъстэнеймрэ я зэхуакум дэлъ щIыналъэм къэралыгъуэшхуэу щып­сэуащ илъэс мин бжыгъэкIэ. Адыгэ лъэпкъым и процент 95-р Урыс-Кавказ зауэжьым ихьауэ щытащ, зэтраукIами псэууэ ­къэнахэм ящыщ куэд дыдэ Хэкум залымыгъэкIэ ирашами. Урыс-Кавказ зауэм и пэ къихуэу Адыгэ Хэкум цIыху мелуани 2 щыпсэуащ. 1763 - 1864 гъэхэм ­къриубыдэу адыгэ мелуан 1,5-рэ яукIащ, ирашащ, е емынэмрэ ­таломрэ яхьащ.

ДУНЕЙМ ЩЫХЪЫБАРХЭР

ТекIуэныгъэм и Парадыр мэкъуауэгъуэм и 24-м екIуэкIынущ. Ари мылэжьэгъуэ махуэу щытынущ

Хэку зауэшхуэм ди къэралым къыщихьа ТекIуэныгъэ Иныр мы гъэм илъэс 75-рэ зэрырикъур накъыгъэм и 9-м Iэтауэ дгъэлъэпIэну ди мурадат псоми. Хэт ищIэнт нобэ дызыхэт гугъуехьхэм хуэдэ дуней псом къытепсыхэну - цIыхухэр хуиту зэхуэс мыхъуу, унэхэм щIэубыда пэлъытэу щIэсыну къахудэкIыну? Аращ ТекIуэныгъэм и махуэшхуэм ехьэлIа гуфIэгъуэ дауэдапщэхэри, абыхэм я нэхъыщхьэ дыдэу щытын хуея парадри щIагъэIэпхъуар.

Гуащэнэ - урыс пащтыхь гуащэ

Мейкъуапэ щыIэ «Полиграф-Юг» ООО-м тхылъ гъэщIэгъуэн къы­щы­дэ­кIащ журналист цIэрыIуэ, тхакIуэ СэIэбцокъуэ Нуриет и лэжьыгъэу. «Мария: черкешенка, царица рус­ская» тхылъыр тхыдэ повестщ. Ар икIи гъэщIэ­гъуэнкъым -  художественнэ тхыгъэ куэд щыIэщ мы зи гугъу тщIы лъэхъэнэмрэ абы зи цIэр къыхэнахэмрэ ятеухуауэ.

МЭРЕМ ПШЫХЬ

Мыр къыщыхъуар Япониеращ. Токио къыщыдэкI газетхэм ящыщ зым мыпхуэдэ хъыбар къытрадзащ: «Ди адэ-анэр дощэж: адэр илъэс - 70, анэр илъэс 65-рэ мэхъу. Я уасэр йен 1000-щ!»

ЗышыIэныгъэшхуэ зыхэлъа гъуащхьэтет цIэрыIуэ

Налшык къыщалъхуа Беляев Владимир Мэзкуу и «Динамо»-мрэ Совет Союзым и командэ къыхэхамрэ я гъуащхьэтет гъуэзэджэу щытащ блэкIа лIэщIыгъуэм и 50 - 60 гъэхэм, езы Яшин дыдэм хьэрхуэрэгъу лъэщ хуэхъуу. СССР-м щэнейрэ и чемпионщ (1957, 1959, 1963 гъэхэм), Совет Союзым и Кубокыр зыIэщIэлъщ (1953 гъэ), къэралым и футболист нэхъыфI дыдэхэм 1957, 1958 гъэхэм хабжащ.