Щэнхабзэ

Къуршхэм дахьэхырт

ЩIыналъэр къозыгъэцIыху, нэгъуэщIу жыпIэмэ цIэрыIуэ зэрыхъу Iэмалхэм ящыщщ кинор. Ди гуапэ зэрыхъунщи, блэкIа лIэщIыгъуэм ди Iуащхьэмахуэ лъапэ мащIэкъым щытрахар. Абыхэм ящыщ зыбжанэ нобэ дигу къэдгъэкIыжынщ.

Куэзырым хэтхэр хэт?

Зэрыджэгу куэзырым хэтщ «король», «дамэ», «валет» жыхуэтIэхэр плIырыплIу. Абы тет сурэтхэр тхыдэм хэт цIыху щхьэхуэхэм тращIыкIащ. «Париж шаблоным» тет куэзырхэр XVII лIэщIыгъуэм къэунэхуащ. Ахэр тращIыкIащ сурэтыщI де Труа Гектор и лэжьыгъэхэм. Франджы куэзырхэм къыщыгъэлъэгъуа сурэтхэм лIыхъужь хъыбар ящIыгъущ. 

УсакIуэшхуэм и щIыхькIэ

ЩэнхабзэмкIэ фонд Вэрокъуэ Владимир и цIэр зезыхьэм, «Словесная руда» усэ пшыхь иджыблагъэ щекIуэкIащ.

Зи щIэиныр лъапIэ

Гальперин Григорий Къэбэрдей-Балъкъэрым уэрэдымрэ къафэмкIэ и ансамблым къыщыкIуам, псом япэ дыдэу къызэрыщIидзар адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ я IуэрыIуатэ къулейр иджынырщ. Репетицэхэр щрагъэкIуэкIкIэ, лъэпкъ къафэхэм фIыуэ хэзыщIыкI нэхъыжьхэр къригъэблагъэрт. Колхозхэм щыкIуэкIэ - Гальпериныр лIыжьхэм кIыхьу ябгъэдэст.

Уэрэдыр гъыбзэ зыхуэхъужар

 Нобэ зи гугъу тщIыну уэрэдыр зэрызекIуэр куржыбзэщ, и псалъэхэри и макъамэри зэхэзылъхьар Кумсиашвили Теонэщ. 
 Зэманым къигъэувыр нэгъуэщI мардэми, зэпIэзэрыту уэрэд зыгъэзащIэ уэрэджыIакIуэхэр игъащIэми щыIащ, адыгэхэми ди хамэкъым. ЦIыхур зэрыцIыхур, гъащIэр зэрыгъащIэр… Къыпхуиуха илъэсхэр напэмрэ щIыхьымрэ уафIэлIыкIыу епхьэкIыныр зэрымытыншыр, лъагэу ущиIэти, щIым ущригъэдзакъи гъащIэм къызэрыхэхуэнур… А псори къыщыбгъуэтынущ нобэ зи хъыбар етшэжьа «Иори» уэрэдым. 

Иджырей сурэтыщI

Зеущэ Арсен сурэтыщI Iэзэщ.   Грозный Иванрэ Мариерэ  я фэеплъу «Акрополь» уардэунэм щIэтыр аращ зи IэдакъэщIэкIыр.  
Арсен езым и дуней иIэжу къызэрекIуэкIыр нэрылъагъущ. Арагъэнщ абы и лэжьыгъэхэм куэду зэтепщIыкI гупсысэхэм ущIыхуашэфри. 

Хабзэмрэ дауэдапщэхэмрэ

 Адыгэхэм я пщIэ зэIэпыхыкIэр, хабзэ хъужыр, егъэлеяуэ къызыщыхъу щыIэу щытми, китайхэмрэ японхэмрэ яхуэдэу дауэдапщэхэр зи нэрыгъ лъэпкъ гъуэтыгъуейщ. Щапхъэ зимыIэ псори щоуэ. Хабзэ-бзыпхъэхэм я къалэнри гъащIэм дыщылъэпэрэпэным дыкърагъэлынырщ. 
Урысеймрэ Китаймрэ я зэхущытыкIэр зэрефIакIуэм и нэщэнэу, чын щэнхабзэр нэхъ гунэсу зэдгъэцIыхуну Iэмал къыдэзыт фильмхэр, нэтынхэр, тхыгъэхэр нэхъыбэ мэхъу. Нобэ нэхъ убгъуауэ зи гугъу тщIыну ди мурад китай нысашэхэр тфIэгъэщIэгъуэн щIэхъуар ахэр ди лъэпкъым гуфIэгъуэр зэрыдихым етлъытын папщIэщ. 

Адыгэ уэрэдыжьхэм я пшыхь

Бахъсэнёнкэ къуажэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм щекIуэкIащ адыгэ лъэпкъым и щэнхабзэмрэ абы увыпIэшхуэ щызыубыд уэрэдыжьхэмрэ хъумэным ятеухуа нэгузыужь дауэдапщэ.

Аккизовхэ я лэжьыгъэхэр

Мейкъуапэ щагъэлъагъуэ
КъуэкIыпIэ лъэпкъхэм гъуазджэмкIэ я къэрал музей Москва дэтым Мейкъуапэ къалэм щиIэ и къудамэм щагъэлъагъуэ ди республикэм и сурэтыщI цIэрыIуэхэу Аккизовхэ Екъубрэ Сиярэрэ я лэжьыгъэхэр щызэхуэхьэса «Укрощение иллюзий» выставкэр. Абы хагъэхьащ зэщхьэгъусэхэм илъэс зэмылIэужьыгъуэхэм я Iэдакъэ къыщIэкIа сурэтхэр. Гъэлъэгъуэныгъэр къызэрагъэпэщащ УФ-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм, КъуэкIыпIэ лъэпкъхэм гъуазджэмкIэ я къэрал музей Москва дэтым Мейкъуапэ къалэм щиIэ и къудамэм, КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм.

Гупсысэм и лъащIэ

Пасэрейм жиIащ: «Унэм зыщыгъаси, хасэм кIуэ». Нартхэм я хасэ лъандэрэ адыгэхэм къадогъуэгурыкIуэ а псалъэжьыр.

Мыри жиIащ пасэрейм: «Гупсыси, псалъэ. Зыплъыхьи, тIыс». Хасэм яхыхьэ нарт щауэр зэрагъэIущ псалъэщ ар.

ЗекIуэ ежьэ нартым жраIэ: «ПащIэгъэлыгъуэ джэгу хэлъкъым». Гъуэгу утехьэрэ Iэщэ къыщипхамэ, уи щхьэр щыхэплъхьи къэхъунщ жыхуиIэщ…

Страницы

Подписка на RSS - Щэнхабзэ