Щэнхабзэ

Уэкъулэ

КъардэнгъущI Зырамыку зэхуихьэсыжа тхыгъэхэм щыщщ

ЕтIуанэ Iыхьэ

Кушыку и гупыр я Iэщэхэм епхъуат, щIалэр яукIыну.

- Щывгъэт! КIуэ тIасэ, лIыгъэ уиIэщ! - жиIэри, зэанэзэкъуэр я гъуэгу тригъэувэжащ. ЩIалэр Кушыку и пщIантIэм дыхьэри и хьэщIэщым щIыхьащ.

«Пщы уэлийр дэс!» - жиIэу щыщIэупщIэм: «Мэзым щIыхьауэ тхьэмахуитI хъуауэ мэщакIуэри щIэтщ», - къыжраIащ.

Iэпкълъэпкъым и лэжьэкIэр

Медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор Алякринский Борис къызэрихутамкIэ, цIыху Iэпкълъэпкъым щыщ пкъыгъуэ 400-р сыхьэтым хуэдэу зэтеухуауэ мэлажьэ.

УЭКЪУЛЭ

ЩIэныгъэлI, IуэрыIуэтэдж, КъБР-м   и цIыхубэ артист   КъардэнгъущI Зырамыку ди республикэм и  къуажэхэмрэ  жылэ жыжьэхэмрэ  щызэхуихьэсыжа хъыбархэр, IуэрыIуатэхэр, хабзэжьхэр лъэпкъым и фIыгъуэ нэхъыщхьэхэм,    нэхъыщIэ куэдым щIэх-щIэхыурэ къащтэжурэ зэрызаущийж  Iэужь телъыджэщ.  Абыхэм ящыщ зы хабзэ гъэщIэгъуэн, адыгэр зыр-зым зэрыдэIэпыкъуу щытам теухуауэ,  фигу къэдгъэкIыжыну дыхуейщ. 

Фи гугъапIэ нэхухэм фалъэIэсыну!

УФ-м ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерст­вэм зэриубзыхуам тету, мы махуэхэм ди къэралым и щIыналъэ псоми щокIуэкI курыт школыр къэзыуххэм папщIэ гуфIэгъуэ пшыхьхэр. Апхуэдэ зи щIалэгъуэхэм я бжыгъэр мы гъэм мин 825-м щIегъу. IэнатIэм и унафэщI Кравцов Сергей зэрыжиIамкIэ, иужьрей илъэсхэм еплъытмэ, мыгъэрей пшыхьхэр нэхъ зэIухауэ, хуиту, шэщIауэ йокIуэкI, сыту жыпIэмэ дуней псор зэщIэзыщтауэ щыта коронавирус уз зэрыцIалэ лIэужьыгъуэщIэм ехьэлIауэ щыта Iуэхугъуэ ткIийхэр щыIэжкъыми. 

Гъуазджэм къыхуигъэщIа щIалэ

ЦIыху цIэрыIуэхэр

КъБР-м щIыхь зиIэ и артист, театр, цирк лэжьакIуэ Сэралъп Роберт ящыщщ театрымрэ киномрэ къыхуигъэщIахэм.

ЦIыхубэ Iущыгъэ

Мы ди ЩIы хъурейм тепсэухь цIыхухэм зыри яхэткъым лъэпкъым и Iущыгъэ къыхэкъузыкIар къэзыгъэлъагъуэ псалъэжьхэр, псалъэ шэрыуэхэр имыIэу. А псалъэжьхэм я куэдагъыр елъытакъым лъэпкъым и инагъым. Ауэ цIыху гъащIэм и зы лъэныкъуи къэнакъым псалъэжьхэмрэ псалъэ шэрыуэхэмрэ зи гугъу ямыщI, абыхэм я нурым къимыгъэнэху. Ар апхуэдэу щыщыткIэ, псалъэжьхэр къэплъытэ хъунущ дэтхэнэ лъэпкъми и тхыдэр, къикIуа гъуэгу кIыхьыр, а гъуэгуанэм щигъуэта зэхэщIыкIыр, къэзыухъуреихь дунейм хуиIэ щытыкIэр къызэрыщ гъуджэу. 

ЕгъэджакIуэм и лъахэм – сурэт лъагъуэкIэ

КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм «ЕгъэджакIуэм и лъахэм» («Учитель за порогом класса») фIэщыгъэр зыгъуэта сурэт зэхьэзэхуэр зэрекIуэкIынум, абы и къызэгъэпэщыкIэ хъунум ехьэлIа зэIущIэ иджыблагъэ щекIуэкIащ.

Пшынэ Iэпэр зыгъэбзэрабзэ

КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм хъыбар къызэритамкIэ, Пятигорск (Псыхуабэ) къалэм дэт, опереттэмкIэ Ставрополь къэрал театрым иджыблагъэ щекIуэкIащ Сафонов Василий и фэеплъу зэхаша, пианист ныбжьыщIэхэм я XV дунейпсо зэхьэзэхуэр. Илъэс 30 ипэкIэ къызэрагъэпэщауэ щыта зэпеуэр фортепьянэ гъуазджэм и классикэ хабзэхэм зегъэужьыным, абы ныбжьыщIэ нэхъыбэ къешэлIэным, фортепьянэм епха гъэзэщIэкIэ лIэужьыгъуэхэр нэхъыбэм ялъэгъэIэсыным хуэунэтIауэ щытащ. ИлъэситI къэс зэ зэхашэ Iуэхугъуэ дахэм щIэупщIэшхуэ иIэщ.

Дэлэным далъхьэр лъагъуныгъэщ

 Накъыгъэм и пэм Ливаным и щыхьэр Бейрут Дунейпсо шхыныгъуэ зэпеуэ щекIуэкIащ. Зэхьэзэхуэр зы Iыхьэу хэуват къэрал 50-м я лIыкIуэхэр зыхэта, Финикием туризмэмрэ цIыху гъэхьэщIэкIэмкIэ и етIуанэ фестивалым. Ди къэралым къыбгъэдэкIыу абы хэтащ икIи щытекIуащ КИФЩI-м и ПщафIэхэм я зэгухьэныгъэм и президент, шэшэн бзылъхугъэ Мовлатовэ Хъадижэт зи пашэ гупымрэ гъэш къыщIэзыгъэкI «Чабан» IуэхущIапIэмрэ.

И къуэпсыр жыжьэ къыщожьэ

         Кавказым ис лъэпкъ зыбжанэм, псалъэм папщIэ, адыгэхэм, абхъазхэм, осетинхэм, нэгъуэщIхэми, ижь-ижьыж лъандэрэ къадогъуэгурыкIуэ нарт пшыналъэхэмрэ хъыбархэмрэ. ЩIэныгъэм къызэрихутамкIэ, нарт эпосыр дунейпсо культурэм и фIыпIэм хохьэ: ар щыхьэт тохъуэ кавказ лъэпкъхэм я нэгу тхыдэшхуэ зэрыщIэкIам, абыхэм я ныбжьыр пасэрей дунейм къызэрыщежьэм.

         Нарт эпосыр кавказ лъэпкъ зыбжанэм къызэдагъэщIащ, дэтхэнэ лъэпкъым дежи теплъэ щхьэхуэрэ лъабжьэ куурэ щиIэщ.

Страницы

Подписка на RSS - Щэнхабзэ