Щэнхабзэ

Лъэпкъ куэдым щапхъэ яхуэхъуат

Фащэр адыгэм къигупсыса, къыдэгъуэгурыкIуа щыгъынми, ар ди гъунэгъу щIыналъэ­хэм щыпсэу нэгъуэщI лъэпкъ­хэми къащтащ, езым я лъэпкъ нэщэнэ гуэрхэр халъхьэжу. Хамэ къэрал къикIа зыплъы­хьакIуэхэм ятхыжу щытащ адыгэ зыхуэпэкIэмрэ фащэм­рэ кавказ лъэпкъхэм щапхъэ зэрытрахар.

Скульптурэм сыт къыджиIэр?

         «Победа» кинотеатрым и щхьэм тет скульптурэм сыт къыджиIэр?! УзэIэбэкIыжмэ, «Октябрьский» цIэр зи фIэщыгъэу щыта, Хэку зауэшхуэ нэужьым «Победа» зыфIаща кинотеатрым къикIуа тхыдэм дриплъэжынщ.

Тхэныр зи гъащIэ, зи дуней

УФ-м и ТхакIуэхэми и Журналистхэми я зэгухьэныгъэхэм хэт, телевиденэм и лэжьакIуэ, усакIуэ, сценарист, режиссёр Чэнджэщауэ Артур и лэжьыгъэхэм щIэупщIэ яIэщ.

ЗыплъыхьакIуэ нэгузыужь

 Журналистым и лэжьыгъэр шым шэсу зекIуэ ежьэ шум ещхь мэхъу зэзэмызэ. А зэгъэпщэныгъэр дигу къегъэкI Къарей Элинэрэ Багъэтыр Луизэрэ Хьэрып Эмират Зэгуэтхэм зэрыщыIам, я нэгу щIэкIахэмкIи къызэрыддэгуэшам. Адрей щIыпIэхэм къадэкIуэу, хъыджэбзхэм ялъэгъуащ къэралым и щыхьэр Iэбу-Даби дэт, щихъ Зэйд и цIэр зезыхьэ мэжджытыр. 

Адыгэ лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэ

«Пушкиным и картэ» урысейпсо щэнхабзэ проектым и фIыгъэкIэ, КъБКъУ-м и студентхэм накъыгъэм и 30-м Iэмал яIащ «Кабардинка» къэрал академическэ къэфакIуэ ансамблым и концертым еплъыну. 
Адыгэ цIыхубэ къафэр дуней псом щагъэлъагъуэурэ цIэрыIуэ хъуа а къэфакIуэ ансамблыр Кавказ Ищхъэрэм и гуп нэхъыжьхэм ящыщщ. Дызэрыщыгъуазэщи, Дунейпсо Адыгэ Хасэм а ансамблыр къилъытащ адыгэ лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэу. Гупым и дэтхэнэ зы концертри щэнхабзэ махуэшхуэу ябж. 

Макъамэм зэхуешэс

         Налшык къалэм и «Искож» хьэблэм иджыблагъэ къыщызэIуаха Щэнхабзэ зыужьыныгъэмкIэ центрым классикэ макъамэм и концерт щекIуэкIащ. Абы хэтащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, УФ-м и Президентым и саугъэтыр, международнэ саугъэтхэр зыхуагъэфэща, зэфIэкI зиIэ сабийхэм зэрадэлажьэм папщIэ, «Лучший преподаватель детской школы искусств РФ» щIыхьыцIэр зезыхьэ, ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым цIыхубэ IэмэпсымэхэмкIэ и кафедрэм и профессор Шэрыб Валерэ и гъэсэнхэр.

Радио цIэрыIуэм и вагъуэхэр

«ТIэкIу укъыкIэрыхуащ, Залинэ, дэ ар зэрытлъагъурэ куэд щIащ» - къызжезыIэни щыIэнщ си къалэмыр къызыхуэсщтар къыщащIэкIэ. 

Хьэх Сэфарбий и фэеплъу

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Кэбэрдей къэрал драмэ театрым иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ тхакIуэ, уса­кIуэ, журналист Хьэх Сэфарбий къызэралъхурэ илъэс ­85-рэ зэрырикъум теухуа фэ­еплъ зэпеуэ.

Езым хуэдэхэм йoфIэкI

«Пятница» телеканалым щекIуэкI «Псом нэхърэ нэхъ Iущ» нэтыным хэтащ Налшык щыщ Щэрдан Рэмэзан.

Нэтыным щIэныгъэрэ жанагъкIэ щызэпоуэ илъэси 6-14 зи ныбжь цIыкIухэр. Абы къыщахутэ политикэм, ментальнэ арифметикэм, программированэм, шахматхэм, нэгъуэщI куэдми дихьэх ныбжьыщIэхэм я щIэныгъэр.
 Илъэс 13 зи ныбжь ди щIалэ цIыкIум псом нэхърэ нэхъ Iущу зыкъыщигъэлъэгъуащ нэтынхэм ящыщ зым. Абы пэжу, псынщIэу, губзыгъэу итащ и жэуапхэр икIи псом нэхърэ нэхъыбэ балл зэхуихьэсащ. Рэмэзан инженер хъуну и хъуэпсапIэщ, щIыуэпсыр фIыуэ елъагъу. 

Лъэпкъхэр зэрызэмыщхьырщ зэкъуэзыгъэувэр

Къэбэрдей-Балъкъэрым и студентхэм лъэпкъ хабзэхэр щагъэлъэгъуащ Пятигорск (Псыхуабэ) къалэм щекIуэкIа «Диалог культур» фестивалым. ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием и Кавказ Ищхъэрэ институтым (РАНХиГС) щекIуэкIа зэхыхьэ гуапэм хэтащ егъэджакIуэхэр, студентхэр, Ставрополь крайм щыпсэу лъэпкъхэм я лIыкIуэхэр.

Страницы

Подписка на RSS - Щэнхабзэ