Щэнхабзэ

Санкт-Петербург и Эрмитажыр

Ухуэныгъэр XVIII лIэщIыгъуэм икухэм ирагъэжьащ Елизаветэ и унафэкIэ. Архитектор Растрелли Франческэ 1754 - 1762 гъэхэм елэжьащ а ухуэныгъэм.

Апхуэди къохъу

Алжирыр Африкэм хеубыдэ. Абы щыщу Бурдж Буаррериджэ цIэ хьэлэмэтыр зиIэ къалэм дэтщ Iэбу Бэкр и цIэр зезыхьэ мэжджытышхуэ, гектар 12 иубыду. Мэрем махуэхэм абы джэду гуэр кIуэрей хъуауэ щалъагъурт. Мэлыжьыхьым и 3-м а джэдум къигъэхъуар нэхъ гъэщIэгъуэныжщ. Зыщышынэн зымылъагъу псэущхьэ гушхуар турыхь нэмэзыр езыгъэщI Iимамым и дамащхьэм дэлъеящ. 

Хэку лъагъуныгъэр дамэ хуохъу

Сурэттехым и IэщIагъэр куэдкIэ пэгъунэгъущ сурытыщIым ейм. Дэтхэнэми зыгуэрым и теплъэ (ар цIыху ирехъу, дунейрауэ щрет) къегъэлъагъуэ, дэтхэнэми гупсысэ къегъэщI. Абы и дежкIэ псом нэхъ лъапIэщ ди хъуреягъкIэ (иныкъуэхэм дэ гу зылъыдмытэу) щыIэ дахагъэр. Ар хыболъагъуэ абы и сыт хуэдэ лэжьыгъэми. Апхуэдэщ дизайнер, фотохудожник Щоджэн Жаннэ и IэдакъэщIэкIхэри.

Шхын куэдым гу Iув уещI

Хьэнбэл и къуэ Ахьмэд муслъымэн мэсхьэб еплIанэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа хьэлимышхуэщ. Мы тхыгъэм къыщытхьа жыIэгъуэ кIэщIхэр Iэбу Дунья цIэмкIэ тхыдэм къыхэна абы и къуэм «МэжэлIэным теухуа тхылъ» зыфIищам къитхащ. Хьэдис хъуми, пщIэшхуэ зиIэ цIыхухэм далъэгъуа хьэлми, Iэбу Дунья и тхылъым щызэхуихьэсащ нэхъ мащIэ пшхыху, уи дин лэжьыгъэр нэхъ зэрефIакIуэр уи фIэщ зыщI щапхъэ дахэхэр.
*  *   *

Иджыри зы псалъалъэ

США-м щыщ журналист, «Дакъикъэ 60» зи фIэщыгъэ теленэтын цIэрыIуэр зэгуэр езыгъэкIуэкIыу щыта Руни Энди зэгуэр жиIэгъат: псалъалъэм, узыхуейм щыфIэкIыжу, къыумылъыхъуэри къыщыбжиIэ, уигу къэмыкIми гу щылъыуигъатэ къохъу. 

Ельцин Борис и унафэкIэ къыф1ащат

«НэгъуэщI щIалэхэмкIэ уемыплъэкI» уэрэд цIэрыIуэр жызымыIа уэрэджыIакIуэ диIэу къыщIэкIынкъым. УФ-м щIыхь зиIэ и артист, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Музыкэ театрым и уэрэджыIакIуэ Хъупсырджэн Альберти ар къызэхъулIэхэм ящыщщ. 

Лъэпкъ уэрэдыр зи фэеплъ

Мэлыжьыхьым и 24-м Профсоюзхэм щэнхабзэмкIэ я унэм щекIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм я цIыхубэ артист, зи макъ гуакIуэр цIыхухэм гукъи­нэж ящыхъуауэ нобэр къыздэсым ящымыгъупщэ Мэремыкъуэ Хъусен и фэеплъ пшыхь. Ар хуэгъэпсащ артистыр къызэралъхурэ мы гъэм илъэс 75-рэ зэрырикъуам. «Лъэпкъ уэрэ­дыр уи фэеплъщ» зыфIаща кон­цертыр ирагъэкIуэкIащ режиссёр Гумэ Маринэрэ Нэхущ Тимуррэ.

Гукъыдэжрэ гушхуэныгъэрэ къыпхелъхьэ

Мы махуэр ЮНЕСКО-м къафэмкIэ и дунейпсо советым 1982 гъэм игъэувауэ щытащ. Мэлыжьыхьым и 29-р къызэ­дащтэну къыхэзылъхьар егъэджакIуэ, къэфакIуэ Iэзэ Гусев Пётрщ. А махуэм къалъхуащ франджы балетмейстер, хореограф, балетым и теоретик Новерр Жан-Жорж. Ар Лондон дэт «Друри-Лейн» театрым и балет труппэм и уна­фэщIу щытащ. Новеррщ къа­фэ спектаклхэр япэу зыгъэувын щIэзы­дзар. Балет-пьесэм и хабзэхэр къыщетхэкIа «Письма о танце и балетах» (1759 гъэ) тхылъыр аращ зи Iэдакъэ къыщIэкIар.

ЦIыпIынэ Аслъэн и цIэм хуэфащэу

ЦIыпIынэ Аслъэн и цIэр зезыхьэ Адыгэ лъэпкъ центр хэтщ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым. Абы и унафэщI Езауэ Мадинэ центрыр къызэрыунэхуам, абы щалэжьхэм теухуауэ депсэлъащ.

Илъэс 20-м цIэ лъапIэ зыхуагъэфэща

1952 гъэм и мэкъуауэгъуэ мазэт. Илъэс 12 фIэкIа мыхъуами, Алэкъей Мухьэмэд тегушхуэри Уэрэдымрэ къафэмкIэ ансамблым хыхьэну хуейуэ кIуат. А зэманым гупым хэтхэр балигъ защIэт, я ныбжьыр илъэс 25-м къыщыщIидзэу.
Дауи къащтат щIалэ цIыкIур ансамблым?! И насып кърихьэкIауэ арагъэнщ. ЗэрыжаIэщи, и зэманым, и чэзум ирихьэлIащ. Гупым и балетмейстер Смелянский Леонид абы и къэфэкIэм еплъри, щIалэ жыджэрыр игу ирихьат.
    НыбжьыщIэр къафэ псоми зэуэ пэмылъэщами, гупым и гъусэу Нартсанэ, Псыхуабэ, Армавир, Ростов, Харьков, Киев, Львов къызэхикIухьат.

Страницы

Подписка на RSS - Щэнхабзэ