ЦIыпIынэ Аслъэн и цIэм хуэфащэу

ЦIыпIынэ Аслъэн и цIэр зезыхьэ Адыгэ лъэпкъ центр хэтщ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым. Абы и унафэщI Езауэ Мадинэ центрыр къызэрыунэхуам, абы щалэжьхэм теухуауэ депсэлъащ.

- Мадинэ, Адыгэ центрым и къежьапIэм, и лэжьыгъэхэм укъытезгъэувыIэнут…

- Адыгэ центрыр ЦIыпIынэ Аслъэн къызэригъэпэщат. Республикэм щилэжь адыгэ Iуэхур щIалэгъуалэм я дежкIэ щхьэпэ защIэт, акъыл зыхэлът. Университетым и нэхъыщхьэхэм абы гу лъатэри, лъэIукIэ къашауэ щытащ. Центрыр зэрылэжьэну мардэхэр яубзыхуат, мурад и куэдт, ауэ лэжьыгъэр шэщIауэ ежьатэкъым, гуауэр къыщыхъуам. Илъэсым нэблагъэкIэ зыми и нэIэ щIэтакъым центрыр. ИтIанэ, сэ сыкърагъэблэгъащ. Абы сыщыгуфIыкIатэкъым, пэжым ухуеймэ. ЦIыпIынэ Аслъэн и псэ нэхум щыщ мыбы зэрыхилъхьар сщIэрти, сэ абы хуэфэщэну Iуэхум сыбгъэдэмыхьэфынкIэ сыгузавэрт. ИтIани, къызэхъулIаIауэ схужыIэнущ - нэхъыжьыфI, упщIэжэгъу Iущ уиIэмэ сыт хуэдэ Iуэхуми шынагъуэ хэлъыжкъым. Дэри чэнджэщэгъу тхуэхъуащ Лъэпкъ музейм, Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ институтым я лэжьакIуэхэр. Мылъку етхьэлIэн диIэтэкъым, ауэ екIуу къызэдгъэпэщын хуейт. ИтIанэ, пэшри тфIэцIыкIут. Мы IуэхумкIэ Лъэпкъ музейм и дизайнерхэр дэIэпыкъуэгъу къытхуэхъуащ. «Адыгэ хьэщIэщым и теплъэ дывгъэщI» жызыIар музейм и унафэщI Накуэ Феликсщ. Сыт хуэдэ ар! Адыгэр сыт щыгъуи хьэщIэ кIуапIэщ – ар щебгъэтIысэхын, абы гъэщIэгъуэн щыхъун, гупыжрэ щхьэусыгъуэрэ иIэмэ, джэгу тIэкIу щыпщIын утыку гуэр - ахэр къызэдгъэпэщащ. Къэтлъытащ, адыгэм щхъуэкIэплъыкIэу нэм къыщIэуэ зэрыфIэмыфIри. Ди университетым декоративнэ гъуазджэм щелэжь къудамэ иIэщ. Абы щыIэхэм дыхэплъэри, хьэпшып гуэрхэр къыхэтхащ. Егъэлеяуэ сэбэп къытхуэхъуащ пхъащIэ Iэзэ икIи адыгэм и тхыдэм фIыуэ хэзыщIыкI Урыс Аслъэн. Iэнэ лъакъуищхэр абы едгъэщIауэ щытащ. Iэнэмрэ шэнтымрэ сантиметр дапщэкIэ зэщхьэщыкIын хуей - ар нэгъунэ къипщащ. Пхъэ вакъэ тхуищIати, абыи гупсысэ хилъхьащ - и инагъыу пасэм ящIу щытар, къызыхащIыкI пхъэ лIэужьыгъуэр - абыхэм щыгъуазэт. Ахэр ищIыху сэри зыкъомым сыхуригъэджащ.

- Адыгэ хьэщIэщыр зыхэт е къызэригъэпэщ Iуэхугъуэхэр сыт хуэдэ?

- Ди дежкIэ нэхъыщхьэр цIыхуншэ дымыхъунырщ, хабзэ тхэлъынырщ, щIалэгъуалэм щапхъэ едгъэлъэгъунырщ. Абы къыкIэлъокIуэ университетым къыщекIуэкI адыгэ Iуэхухэр. Адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмкIэ кафедрэм дегъэщIылIащ.

Илъэс къэс университетым «Бербековские чтения» жыхуэтIэр щокIуэкI. Абы жыджэру хэтщ дэ дгъэхьэзыр студентхэр. Университетым щIэнIуатэ щекIуэкIмэ, дыхэтщ. Адыгэ щэнхабзэм, литературэм, щIэныгъэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа ди нэхъыжьхэм я цIэр зэрытхъумэным, я IуэхущIафэхэм щIэблэр зэрыщыдгъэгъуэзэным долэжь. Мис иджыпсту, уэ сыпхуэзэн и пэ, проректорым сриджэри, зы папкэ къызитащ, зэгуэр Хэкум ирагъэкIыу къэзыгъэзэжауэ щыта гуэрым и Iэрытххэр дэлъу. Абы студентхэри си гъусэу езгъэлэжьыну сыхуейщ.

Мыбдеж Адыгэ центрыр, Балъкъэр центрыр, Урыс центрыр къыщызэгъэпэщащ. Дэ щыри дыщIыщыIэр дызэгурыIуэу, ауэ дызэщхьэщыкIыу дызэрыщытыр дгъэлъэгъуэн щхьэкIэщ.

- Абы щыфхъумэ хьэпшыпхэм хъыбар зиIэхэр  яхэт хъунщ, дауи…

- ХьэщIэщым щытхъумэ дэтхэнэ хьэпшыпри мыхьэнэ зиIэщ. ЗэрытIорысэм лъапIэ ищI хьэпшыпхэр щIэлъщ. «Си гуащэшхуэм и гуащэм ейуэ щытащ, псы иризэрихьэрт» жиIэри, зы егъэджакIуэ къытхуихьащ гуэгуэн цIыкIу. Нартан къикIыурэ иригъаджэхэр къытхуишэу ди зэIущIэхэм хэт нэгъуэщI зы егъэджакIуи къытхуихьащ и анэшхуэм и анэм зэрихьэу щыта, тхыпхъэ гъэщIэгъуэнхэр зытещIыхьа гуэгуэнышхуэ. Къапщтэмэ, а тхыпхъэхэми зыгуэр къаIуатэ. Германием къыздисхауэ сурэт фIэлъщ ди блыным - хамэщIым щыIэу, Хэкур гукIэ зыгъафIэ ди лъэпкъэгъущ зи лэжьыгъэр. НэгъуэщI зы хьэпшыпи и гугъу пхуэсщIынут: пасэрей дыдэу шыгъулъэ, шыбжиилъэ цIыкIухэр къытхуахьащ, зыгуэрым и унэр щикъутэжым къигъуэтыжауэ. Музейм схьати, и щIыкIэкIэ, и лъакъуэ егъэубыдыкIэкIэ епщыкIуиянэ лIэщIыгъуэм ящIауэ хуагъэфэщащ. ДиIэщ Къулъкъужын деж археологхэм къыщыщIатIыкIыжа пасэрей бжьэ. Блыным фIэлъщ Мэзло Руслъан и арджэн, Дидей ФатIимэ мэзыдэкIэ зэпыблауэ ищIа пщащэ ныпыр, П1аз Юрэ и фалъэшхуэ. Студентхэм IэкIуэлъакIуэу ящIа лэжьыгъэхэри зыдохьэ.

- Ди лъэпкъым и щэным сыт нэхъыщхьэу хэплъагъуэр?

- СыныбжьыщIэу, телевизоркIэ зыгуэрхэм сыщеплъкIэ, абы къигъэлъагъуэхэм дэ ди лъэпкъыр къыкIэрыхуу, нэхъ хуэмыхуу къыщысщыхъуу щыта зэман къысхуихуащ. Апхуэдэ гупсысэхэр зэрымызахуэр сэ езым гъащIэм къызгуригъэIуэжащ. Дэ ди деж хуэдэу нэхъыжьымрэ нэхъыщIэмрэ щызэрылъытэ лъэпкъи щыIэу къыщIэкIынкъым. Къытхуэнащ ар, тхэлъщ, хэт сыт жиIэми. Адыгэм укIытэ хэлъщ, напэр къабзэу ихъумэну хущIокъу. ДызытекI мыхъу хабзэхэр тIэкIу ткIийуэ гугъу дыщрагъэхьи щыIэщ. Ауэ а гугъуехьым ди псэр егъэнщIыж. Мис ар ди лъэпкъым и къарущ.

Епсэлъар ГУГЪУЭТ Заремэщ.
Поделиться: