|
Тхыдэ
14 февраля, 2023 - 08:47
Ди IуэрыIуатэми тхыдэми къызэрыхэщыжщи, адыгэр зауэ-банэ, гугъуехь куэдым къыпхрыкIащ. Тэтэрхэр, нэгъуейхэр, кърымыдзэхэр, нэгъуэщIхэри увыIэгъуэ ямыIэу адыгэхэм къатеуэрт, яхъунщIэрт, цIыхукIи мылъкукIи хэщIыныгъэшхуэ къыхуахьу. Къэбгъэлъагъуэмэ, тхыдэм увыпIэшхуэ щиIыгъщ I708 гъэм екIуэкIа Къэбэрдей-Кърым зауэм.
13 февраля, 2023 - 15:00
Дунейр къызэриухуэрэ къэхъукъащIэхэр мащIэкъым. Ахэр цIыху гъащIэм хэмыкIыу къыдекIуэкI Iуэхущ. АрщхьэкIэ языныкъуэхэр зи Iэужьыр езы цIыхуращ, абы и нэпсеягъэрщ. Щапхъэхэр мащIэкъым.
Ла-Манш псы дэжыпIэр щIыпIэ къуейщIейщ. Мыбы толькъунхэр куэдрэ къыщоукъубий. Псом хуэмыдэу хэлъафэри щIыдагъэ зышэ кхъухьышхуэхэрщ. Апхуэдэ насыпыншагъэхэм я лъэужьхэр, зэрыгурыIуэгъуэщи, гъэкIуэдыжыгъуейщ.
9 февраля, 2023 - 12:00
Япэ гулъэф (рельс) гъуэгуу къалъытэ «Диолк»-р, ди эрэм ипэкIэ VI лIэщIыгъуэм гухэр къыщралъэфэкIыу щытар. Ар мывэ сэхум дэтIыкIат. ИужькIэ зэралъэф гъуэгухэр Европэм къыщыунэхуащ. Пхъэм къыхэщIыкIа гулъэф гъуэгухэр куэду щыIэт шахтэхэм я деж. Абдеж къыщыщIах мывэ лIэужьыгъуэхэр кхъухьыр здэщыIэм нагъэсырт абыхэмкIэ.
Иджырей гъущI гъуэгум и тхыдэр XVIII лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм, индустрием щаубла зэхъуэкIыныгъэхэм я деж, къыщожьэ.
9 февраля, 2023 - 10:16
Агуий – аращ зэреджэр хы ФIыцIэ Iуфэм Iут ТIуапсы къалэм и гъунэгъуу щыс шапсыгъ къуажэмрэ абы и бгъум блэж псымрэ. А цIэ дыдэр зэрехьэ метр 888-рэ и лъагагъыу а жылэм къыщхьэщыт мэзылъэ Iуащхьэми. «Агуий гъуэгукIэ» еджэрт Псыбэ, Агуий адыгэ жылэхэр зэпызыщIэу щыта лъагъуэми. А щIыпIэм щыпсэухэм ди нобэми къагъэсэбэп «Агуияшъхь» («Агуий и псыхъуащхьэ») псалъэри.
3 февраля, 2023 - 15:30
«Тэрчрэ Псыжьрэ я зэхуаку дэлъ адыгэ щIыналъэм икIри, Польшэм уэркъитху кIуат.
1 февраля, 2023 - 12:38
Хы ФIыцIэ Iуфэм Iут Сочэ къалэм хиубыдэ Лоо (Лоу) жылэм иджыблагъэ къыщагъуэтащ адыгэ-убых-абазэ лъэпкъ зэрыбыным и тхыдэр зыджхэр хуабжьу зыщыгуфIыкIа щIэин телъыджэ.
29 января, 2023 - 09:52
Наужьыдзэ Iуащхьэм километрищкIэ нэхъ ищхъэрэIуэу щыIэщ Инал Iуащхьэр.
27 января, 2023 - 12:30
Хы ФIыцIэ Iуфэм Iус Лазаревск къалэ цIыкIум, ПсыфIыпэкIэ зэджэу щытам, къедза къуажэхэм щIытI лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкIащ. IэщIагъэлIхэм къатIэщIыжащ тхыдэ щIэныгъэм ирилажьэхэр зэIусэну иджыри къыздэсым зыхунэмыса кхъащхьэ Iуащхьэ пщIы бжыгъэхэр. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, ахэр хы псыIум къедза Iэхэлъахэм ижькIэрэ исыгъа адыгэ-абазэ-убых лъэпкъ зэрыбыным я щIэинщ.
26 января, 2023 - 10:55
1933 гъэм археолог Робер ду Меснил ду Бьюссон Щам и къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ, Евфрат и Iуфэм щыIэ Дура - Европос пасэрей къалэ-быдапIэжьым и къутахуэхэр къитIэщIыжащ. 256 гъэм а урым быдапIэжьыр Сасанид къэжэрыдзэм иубыдауэ щытащ. ЛъыхъуакIуэхэм къатIэщIыжащ быдапIэм и блынхэм хуэкIуэ пхыкIыпIэр. Абдежым къыщагъуэтащ къупщхьэлъапщхьэ 19. Дзэ хуэIухуэщIэ къагъуэтахэм тращIыхьри, ахэр урым зауэлIхэм я къупщхьэлъапщхьэу хуагъэфэщащ. Абыхэм япэмыжыжьэу щылът аргуэру зы зауэлIым и къупщхьэхэр. Абы щIыгъут къэжэр жыр пыIэрэ (шлем) джатэрэ.
26 января, 2023 - 10:00
Париж дэт «Лувр» музей цIэрыIуэр быдапIэущ къызэрыунэхуауэ щытар. Франджым и пащтыхь Август Филлип II- м и унафэкIэ яухуауэ щытащ Ситэ хытIыгум и бгъэдыхьэпIэхэр зыхъумэн хуей быдапIэр. А щIыпIэр Парижым и курыкупсэт абы щыгъуэ. Музейм и фIэщыгъэр къыхэкIащ а щIыпIэм дыгъужьыр щыкуэду зэрыщытам. «Лувение» жиIэмэ, «дыгъужьыр щыкуэд» къокI.
Страницы
|