«Аненербе» и лъэужьым тету

Илъэс зыбжанэ и пэкIэ Адыгэ Республикэм къыщагъуэтащ щIэныгъэм имыцIыху щхьэкъупщхьитIрэ, «Аненербе» зэгухьэныгъэм и дамыгъэр зытет пхъуантэмрэ. КъэпщытакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, щIэныгъэм къыхуэмыIуатэу ЩIым къыщыхъу гъэщIэгъуэнхэр зыдж зэгухьэныгъэр испы унэхэм къыкIэлъыкIуауэ арат. Языныкъуэхэми жаIэ а щIыналъэм и бгылъэхэм къапкърыкI радиацэр яджыну хуеяуэ.

Пхъуантэмрэ щхьэкъупщхьэхэмрэ къыщагъуэта щIыпIэм щыгъэпщкIуат нэмыцэхэм зыхагъэувауэ Адыгэ автоном областым и картэ щхъуэкIэплъыкIэр. Куэдым ящIэж «Эдельвейс» зыфIаща операцэр ягъэзащIэу, нэмыцэхэр Iуащхьэмахуэ и щIыгум фашист дамыгъэхэр зэрытрагъэувауэ щытар, ауэ, Адыгэ щIыналъэм абы щащIар иджыри къэс зыми къыгурыIуэркъым.

IуэрыIуатэу цIыхум кърахьэкIым и пэжыпIэр къащIэну, журналист  куэд щызэхуос  Мейкъуапэ пэмыжыжьэу щыIэ Каменномост къуажэ цIыкIум. Мыращ дызытепсэлъыхь щхьэ къупщхьэхэр щахъумэр.

- «Аненербе» и дамыгъэр зытет, фэ зытебза пхъуантэр мы щIыпIэм щыпсэу лIыжь гуэрым къытхуихьащ, - жеIэ «Беловодье» лъэпкъ IуэхущIапIэм и унафэщI Меликов Владимир. – А лIыжьыр цIыхум куэд щIауэ яхыхьэжыркъым икIи мэзым щопсэу, щIы унэ цIыкIу къызэригъэпэщауэ. Ди музеим щIэлъ хьэпшыпхэм я нэхъыбапIэр къезыхьэлIари къэзыгъуэтари арауэ жыпIэ хъунущ. Псалъэм папщIэ, эдельвейс нэрыплъэ, нэмыцэхэм къыздрахьэкIа хущхъуэ пхъуантэ цIыкIур, фашист шырыкъу, нэгъуэщIхэри. ГъэщIэгъуэнращи, хьэпшыпхэм сэкъат гуэри  ягъуэтакъым, уеблэмэ зэрыщIэрыпсу къызэтенащ, зауэ зэман лъандэрэ зы цIыху зэрылъэмыIэсам и щыхьэту. Апхуэдэщ нэмыцэ сенычхэри. Иджыпстуи пхущIэгъэнэнущ, псыIагъэм игъэфакъым.

Сыт «Аненербер» зищIысыр, щIэупщIэнущ куэд. Ар 1935 - 1945 гъэхэм Германием щыIа зэгухьэныгъэщ. Нэмыцэхэм быдэу я фIэщ хъурт япэу дыдэ цIыхухэр къыщыунэхуар Кавказырауэ, нэхъ тэмэму жыпIэмэ, сыт и лъэныкъуэкIи щIыуэпсыр щызэпэщ Iуащхьэмахуэ и Iэгъуэблагъэм. А  зэгухьэныгъэр къызэзыгъэпэщахэм япэ цIыхухэм «герман расэ» фIащыжауэ, езы нэмыцэхэри абыхэм я щIэблэу жаIэрт. «Аненербе»-м «адэжьхэм я щIэин» жиIэу аращ къикIыр. Абы тепщ1ыхьмэ, нэмыцэхэм Iуащхьэмахуэ къыщалъыхъуари гурыIуэгъуэ мэхъу – цIыху лъэпкъыр къэзыгъэщIахэм я щIэин гуэр.

Меликовым хуахьащ Адыгэ Республикэм и бгъуэнщIагъхэм ящыщ зым къыщагъуэта щхьэ къупщхьэхэр. Ахэр нобэкIэ кIуэдыжа псэущхьэ гуэрым и къупщхьэ я гугъащ япэщIыкIэ. Ауэ дзэ дохутыру илъэс куэдкIэ лэжьа Владимир ахэр быдэу зэпиплъыхьа нэужь жиIащ:

- Щхьэ къупщхьэм и лъабжьэм Iэпхъуамбэ ихуэну гъуанэ цIыкIу иIэщ, ар щхьэмрэ тхыцIэмрэ и зэпылъыпIэщ. Абы къокI бжьакъуитI зытет щхьэ къупщхьэр зыфIэтар, сыту щытми, захуэу зэфIэту, лъакъуиткIэ зекIуэу дунейм тетауэ. Апхуэдэуи гъэщIэгъуэнщ щхьэкуцIыр зэрылъын хуей кумбыгъэ щхьэ къупщхьэм зэримыIэххэр. Жьэм и пIэкIи гъуанэ цIыкIу зытIущ иIэу аращ. И нэпкъыр телъэщIауэ, нэшхуэу, бжьакъуэшхуитI тету, лъакъуитIкIэ зекIуэу, цIыху Iэпкълъэпкъ иIэу апхуэдэу дунейм тетауэ жыпIэ хъунущ. ЩIым щымыщ Iэмыр гуэрым и къупщхьэ пIэщIэлъу къыпщохъу. Фашистхэм быдэу я фIэщ хъууэ щытащ испы унэхэр иныжь лъэпкъ кIуэдыжам (атлантхэм) я Iэужьу, икIи дольменхэр зекIуапIэу, нэгъуэщI дунейхэм (измерения) уашэу.

Щхьэ къупщхьэр зы закъуэ хъууэ щытатэмэ, иджыри зыгуэру уфIэкIынт, ауэ тIу щыхъукIэ, абы гупсысэ гуэрхэм ухуешэ. Мифологхэм ирагъэлъэгъуат а къупщхьэхэри, зыри ягъэщIэгъуакъым. Абыхэм зэрыжаIэмкIи, къупщхьэ гъэщIэгъуэнхэр зейр Шумер IуэрыIуатэм къыхэщыж «аннунаки» жыхуаIэу, «уафэм къехахэрщ». Ахэр илъэс 3600 къэс ди ЩIым гъунэгъу къыхуэхъу Нибиру планетэм къикIауэ я фIэщ хъурт шумерхэм. Абы теухуа гъущIынэтх къызэринэкIащ пасэрей лъэпкъыжьым.

Фашистхэм куэд къатIэщIат, къахутат, зэхуагъэхъуат, ауэ абыхэм я щIэныгъэр «Аненербе»-м дэкIуэдыжащ, еджагъэшхуэхэри мы Iуэхум теухуауэ щымщ, жэуап яIэкъым.

Тамбий Гуащэмахуэ.

Поделиться: