Краснодар медалиплI кърах«Кубаным и Кубокыр» киокусинкаймкIэ къэхьыным хуэунэтIа урысейпсо зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Краснодар къалэм щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ щIалэ, хъыджэбз 350-м щIигъу, къэралым и щIыналъэ 21-м къикIауэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр яхъумэу зэхьэзэхуэм цIыхуипщI хэтащ икIи абыхэм ящыщу я хьэлъагъ елъытауэ щызауэ гупхэм я деж етIуанэ щыхъуащ Жолаев Даниялрэ (кг 75-рэ) Роменкэ Максимрэ (кг 55-рэ). Домбеякъ медалхэр къахьащ Жанакаев Арсенрэ (кг 60) Змеев Артуррэ (кг 55-рэ). Командэр зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыращ Къэрмокъуэ Амурбэч, Мэршэнкъул Къантемыр, Будаев Казбек сымэ.
Поделиться:
Читать также:
07.05.2024 - 15:37 →
Багъ Идаррэ Бекъул Миланэрэ Европэпсо зэпеуэм макIуэ
04.05.2024 - 11:00 →
Урысейм и чемпион Шэрий Иналбэч
02.05.2024 - 14:21 →
Медаль тIощIрэ бгъурэ
02.05.2024 - 14:15 →
Дыщи домбеякъи къахь
25.04.2024 - 17:30 →
Олимп чемпионыр ящыгъупщэркъым
|