Гъуэгур нэхъ шынагъуэншэ хъунущ

Муниципалитетхэр къыщызэхикIухьым, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек щыгъуазэ зищIащ республикэм щекIуэкI ухуэныгъэ нэхъ инхэм хабжэ, автомобиль куэд щызэблэкI «Шэджэм 2 - Булунгу» гъуэгум ухуэныгъэхэр зэрыщекIуэкIым. 

Мы гъуэгур щIэрыщIэу зэгъэпэщыжыным теухуа Iуэхур УФ-м и Президент Путин Владимир къадиIыгъри, ар «ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектым хагъэхьауэ щытащ. 
«Проектым ипкъ иткIэ, автомобиль гъуэгур нэхъ бгъуэ ящIынущ, и бгъум лъэс зекIуапIэ бгъурыкIыу. Мыбы лэжьыгъэшхуэ иращIэкIын хуейщ, псом хуэмыдэу псы щIагъкIэ кIуэцIрашын хуей блын ямыгъэуву зэрымыхъунум къыхэкIыу. Зэлэжьыну къэнэжар куэд хъуркъым, дяпэкIэ щIыр тракIуэтэн щIадзэнущ, гъатхэм ирихьэлIэу асфальт тетлъхьэ хъунущ. Туристхэр гъуэгушхуэм техьэн хуей хъужынукъым дяпэкIэ, лъэс лъагъуэмкIэ зекIуэнущ, зэрыщытын хуейм хуэдэу», - жиIащ КIуэкIуэ Казбек. 
Лэжьыгъэм псори зэхэту километр 27-м нэс къызэщеубыдэ. Псыбэкъум дэту зэрылэжьам къыхэкIыу, ухуакIуэхэм лэжьыгъэ гугъу зэфIагъэкIащ, иджырей Iэмэпсымэхэр къагъэсэбэпащ. «Гъуэгур нэхъ шынагъуэншэ хъунущ, Шэджэм щIыналъэми зригъэужьынущ», - жиIащ республикэм и Iэтащхьэм. 

Поделиться: