«Гъавэ бэвыр» утыку йохьэУФ-м ФедерацэмкIэ и Советым и нэIэ щIэту ирагъэкIуэкI IэрыщI щIыгъэпшэрхэр, химие пкъыгъуэхэр, цIыхум и узыншагъэм зэран хуэхъунхэр зыхэмылъ ерыскъыхэкI, мэкъумэш продукцэ къабзэ, къыщIэзыгъэкIхэм я ещанэ лъэпкъ зэхьэзэхуэр. Абы къыщыгъэлъэгъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щылажьэ, жыг хадэ зезыхьэ «Гъавэ бэв» IуэхущIапIэр. Зэхьэзэхуэр ирагъэкIуэкI Урысей Федерацэм Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэмрэ «Роскачество»-мрэ, «Органика» фондым и дэIэпыкъуныгъэ хэлъу.
Поделиться:
Читать также:
02.05.2024 - 12:43 →
Джэш хъурейм яужь йохьэ
30.04.2024 - 12:00 →
Италием бзылъхугъэу исым дахагъэкIэ ефIэкI адыгэ анэт
30.04.2024 - 10:00 →
Интернет хабзэншагъэм зэгъусэу пэщIоувэ
30.04.2024 - 09:00 →
КхъухьлъатэхэмкIи зызэпащIэ
28.04.2024 - 13:01 →
Архитекторхэм я зэфIэкIхэр
|