Феджэ, цIыкIухэ, феджэ!ТхылъыфI къэс хъугъуэфIыгъуэщ, дуней къулейщ, щIэныгъэщ. Псом хуэмыдэу гуапэщ щIэблэм тхылъыр щагъэныбжьэгъум, щаIэпэгъум, упщIэ куэдым я жэуапхэр абыхэм я напэкIуэцIхэм къыщыщалъыхъуэм деж. Налшык дэт Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм сабий, ныбжьыщIэ тхылъым и тхьэмахуэр къыщызэIуахащ. Ар ягъэлъапIэнущ тхылъыщIэхэмкIэ, таурыхъ гъэщIэгъуэнхэмкIэ, зэпеуэхэмкIэ, пшыхьхэмкIэ. Сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ я тхылъым и тхьэмахуэм къриубыдэу республикэм и библиотекэхэм щекIуэкIынущ зэIущIэхэмрэ пшыхьхэмрэ.
Поделиться:
Читать также:
06.05.2024 - 17:00 →
ПэIущIэм нэсахэщ
06.05.2024 - 16:55 →
Пшадэрэ Пщыщэрэ
06.05.2024 - 16:09 →
ЦIыхум зезыгъэузэщI
06.05.2024 - 15:22 →
Сом меларди 3,3-рэ хухах
06.05.2024 - 15:17 →
Адыгэбзэр зыгъэшэрыуа тхьэмадэ
|