УФСБ-м къетКъуэды ипшынынущ Урысей ФСБ-м и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэм экономикэм пыщIа щIэпхъаджагъэхэм пэщIэт Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу къыщIагъэщащ «Кабардино-Балкарский высокогорный государственный заповедник» федеральнэ къэрал бюджет IуэхущIапIэм и бухгалтер нэхъыщхьэ Елмэс Л.С. илэжь щIэпхъаджагъэр. ЗэраубзыхуамкIэ, 2018 - 2022 гъэхэм, и къулыкъур къигъэсэбэпурэ, улахуэм хухаха бюджет ахъшэм щыщ идыгъуащ абы. Илъэс 20 къапоплъэ НаркотикхэкIхэр игъэкIыным пэщIэт Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу, Урысей ФСБ-м и управленэу КъБР-м щыIэм, КъБР-м щыIэ МВД-м я лэжьакIуэхэм, къызэпаудащ Нарткъалэ дэс цIыхуитIым ялэжь щIэпхъаджагъэр. Яубыдахэр къыщащым къытрахащ наркотикхэкI «героин» грамм 49-м щIигъу.
Поделиться:
Читать также:
08.05.2024 - 17:09 →
Хэт и дамэр нэхъ кIыхь?
08.05.2024 - 16:06 →
Зауэм и бынхэм гулъытэ хуащIу
08.05.2024 - 14:02 →
Радиом и махуэм теухуа телечэщанэ джэгу
08.05.2024 - 13:00 →
Зи пIалъэр икIахэр къуащэнукъым
08.05.2024 - 12:38 →
ЛIыгъэ зыхэлът
|