Евмыгъэлеймэ нэхъыфIщ

Гъатхэм псом япэу хъуну пхъэщхьэмыщхьэхэм ящыщщ псоми фIыуэ ялъагъу мамкъутыр. Иужьрей зэманым абыхэм къатехъукIа лIэужьыгъуэ куэд къежьащ. Ахэр я теплъэкIи, я IэфIагъкIи зэхуэдэкъым, абыхэм я дэтхэнэри цIыхум и Iэпкълъэпкъыр зыхуеину псомкIи сэбэпщ. Ар пшхыну зэрыгуакIуэм къищынэмыщIауэ, цIыхур зыхуэныкъуэ витаминхэмрэ минерал пкъыгъуэ сэбэпхэмкIи къулейщ: А, В, С, кремний, молибден, магний, марганец, гъущI, фосфор, натрий, хром, цинк. Абы къыхэкIыу гу-лъынтхуэ, псантхуэ, щIыIэ узхэмкIэ сэбэпщ, къарур зэрегъэубыд, пкъыгъуэ зэранхэр Iэпкълъэпкъым къыхеш, косметологиеми къыщагъэсэбэп.

Мамкъутыр зэрыIэфIми емылъытауэ, фошыгъу уз зиIэхэми яшх хъуну къалъытэ, ауэ абыхэмкIэ нэхъыфIыр ягъэщту къагъэвыжарщ, зы илъэсым щыщIэдзауэ сабийхэми ират, узыфэхэм пэщIэтыфын щхьэкIэ, ауэ дэтхэнэ зыми ищIапхъэщ ебгъэлей псори зэрымысэбэпыр.

Мамкъут куэдыр я зэранщ зи къупщхьэ зэрытыпIэхэр къыдэбэгыкIхэм (подагрэ), зи зэзым мывэ илъхэм, зи жьэжьейр узхэм. Абы оксалат, кальций пкъыгъуэхэр зэрыхэлъым къыхэкIыу. Иужьрей зэманым щIэныгъэлIхэм къызэрахутамкIэ, мамкъутым и къудамэхэр бгъавэу абы къыщIэвыкIам шейуэ уефэныр тэмакъыдзэмрэ гипофизымрэ я зэранщ - гормон пкъыгъуэхэм ящыщ хэлъу хуагъэфащэ.

Мамкъутым «лъэхъц пхъашэкIэ» зэджэ пъыгъуэхэри зэрыхэлъым къыхэкIыу, лъатэ, кIэтIий уз гъэтIылъа зиIэхэр хуэсакъын хуейщ, псом хуэмыдэу узхэм я къэхъеигъуэм. Апхуэдэ къабзэу абы хэлъ витамин К-м хуэбэлэрыгъ хъунукъым лъыр ткIуаткIуэ зыщI хущхъуэ ефэхэри, ар яшхын ипэ дохутырым ечэнджэщыпхъэщ.

Лъатэ, кIэтIий узхэм фыкъыхамыгъэзыхьмэ, мамкъутыр сэбэпышхуэщ. Фытемышыныхьын папщIэ, компотхэмрэ варенэхэмрэ япIэкIэ гъэщта къэгъэвыжар щIымахуэм фшхы, гъэмахуэм къыпачагъащIэр нэхъыфIщ.

Россельхознадзорым и Кавказ Ищхъэрэ управленэ.
Поделиться:

Читать также: