Онегин Евгений

 

Пушкин  Александр
 

XVII

Нэхъ шынагъуэжщ икIи телъыджэщ:
Мес елыркъэшыр бэджым тесщ,
Щхьэкъупщхьэ фIэтщ къазыпщэ лыджэм,
Щхьэтелъыр плъыжьщ икIи алътесщ;
Мис щхьэлыр, зиукIыжу, къофэр,
ЩIедз дамэхэр, адрейхэр йофэр,
Мэбанэхэр, долъей, мэфий,  
ЯщI шылъэ макъ, зэрогъэкIий!
ИщIэжрэ игу къэкIар Татьянэ,
А гупым къыщыхилъагъуам
И нэгур, фIыуэ илъагъуам,
Дызытетхыхьыр мы романым!
Онегин щысщ Iэнащхьэм дей,
Мыпсалъэу, бжэмкIэ къуэплъ къудейщ.

XVIII

Iэ ищIмэ - псори мэIэрпхъуэрхэр,
Ар ефэм - йофэхэр, бым-сымщ,
Дыхьэшхмэ - хуиту мэуэршэрхэр,
Зызэхиуфэм - мэхъухэр щым;
Ар зэрытепщэр гурыIуэгъуэщ,
Ди Таня мэхъу и гузэвэгъуэр
Нэхъ мащIэ, къохъур нэхъ жыджэр,
ФIэгъэщIэгъуэнщ, тIэкIу Iуехыр бжэр…
Жьы къоуэр, зэтригъэункIыфIу
Уэздыгъэхэу зэщIэгъэнар,
Жэщтеуэхэм къащIэху къэхъуар,
Къотэдж Онегин, зигъэлIыфIу,
Къотэджхэр псори; макIуэр ар,
Илъагъуу бжэр зэIузыхар.
                 
XIX

Къэшынэжауэ зэуэ, пIащIэу,
Татьянэ щIэпхъуэжыну хэтщ;
Зыхуейр хэт гъэрым езыгъащIэр?  
КIиину шынэу бжэм бгъэдэтщ;
Евгений бжэр щызэIуиудым,
Къалъагъур хьэкIэкхъуэкIэ удхэм
Хъыджэбзыр; занщIэу гъуахъуэ макъ,
Дэгу уищIу, къоIу, къаIэт кIакъмакъ;
Хьэ нэкIу, Iэбжьанэ, хэти кхъуэпэ,
Хъыджэбз тхьэмыщкIэм деж къеший,
ЛъызащIэу бзэгу, икIауэ хъий,
Адрейми бжьакъуэ, къупщхьэ Iэпэ;
Iэрыхьэм, хэти пщащэм хуейщ,
Мэгъуахъуэхэр: сысейщ, сысейщ!

XX

Сысейщ! - жиIащ Евгений ткIийуэ,
Бзэхахэщ псори, щыткъым щIэгъу;
КIыфIыгъэм хэткъым зыри бийуэ,
Къэнар хъыджэбзым и ныбжьэгъущ;
Онегин пщащэр пэшым щIешэр,
ТIысыпIэ кIыхьым къыбгъэдешэр,
Ар трегъэгъуалъхьэ къуапэм дей,
Зегъэщхъыр - мис, IэщIэлъщ зыхуейр.
КъыщIохьэр Ольгэ асыхьэтым,
Къос Ленскэри. Къолыдри нэху
МэункIыфIыж. Онегин Iуэху
Зэпаудам щыкIэрыкIуэтым,
Узижэгъуэну къэгубжьащ,
КъэкIуахэм бзаджэу япежьащ.

XXI

Евгений, щыхъум ин зэфIэнэр,
Хъуэтпсэту къещтэр сэ кIыхьыжь,
КIым фIэкI къэмынэу къыIэщIэнэр,
ХеIу щIалэм, Ленскэм и бгъэр плъыжьщ;
КIий макъ зэхех… зэпкъроху тэхъуанэр,
Къоуш шынагъуэм ихь Татьянэр…
Ар маплъэри,  и пэшыр нэхущ,
Пщэдджыжь пшэкIэплъыр ещIыр фэху
ТрищIам щхьэгъубжэм, тхыпхъэщIыпхъэм;
ЗэIокIыр бжэри, Ольгэ щытщ,
НэкIущхьэ тхъуэплъу къыщхьэщытщ,
Бзум нэхъ нэхъ псынщIэу, хуэдэу жьыбгъэм:
«КъызжеIэт псынщIэу, сыт къэхъуар,
Сыт уи пщIыхьэпIэм щыплъагъуар?»

XXII

Жэуап и шыпхъум иримыту,
Татьянэ, тхылъ иIыгъыу, хэлъщ,
КъыпфIощIыр напэ къэс къихутэу,
Абы зы псалъи къимыпсэлъ.
Имыт тхылъ зыIэщIимыгъэкIым
Щыщ гуэр усакIуэм и гукъэкIым,
Хыумыгъуэтэн гупсысэ ин,
ЖиIар Вергилий е Расин,
Итхар Скотт, Байрон е Сенекэ;
КъыдгурыIуэнт цIыхубз журнал
Еджам, зырыдахьэх Iэмал;
Тхылътелъхьэм тетщ: Мартын Задекэ,
Iущ ину Вавилоныр зищI,
Тхылъ, пщIыхьхэр гурыIуэгъуэ здищI.

XXIII

ЖыIэзыфIэщхэр игъэIущырт
Мы тхылъым. Сондэджэрым зэ,
Хьэпшыпхэм хэлъу, мыри ищэрт,
ЩищIам я щIапIэм деж бэзэр.
ТхылъитIым щхьэ (“Мальвинэр” пылъхьэу)
Сомищым щIигъу ахъшэ Iэрылъхьэу,
И гъусэу “Мармонтель” идащ,
Абы нэмыщIкIэ триудащ
Грамматикэр, тIу “Петриадэу”,
Хъуэрыбзэу тха зэхуэхьэса;
«Мартын Задекэ» къылъысар,
Татьянэ зыми хуимыгъадэу,  
ЗэIуех а тхылъыр щынэщхъейм,
И гъусэщ, уеблэмэ, щыжейм.

 XXIV

Егъэгузавэ ар пщIыхьэпIэм,
КъищIэну хуейщ и мыхьэнэр,
Хишэнур хэт псэзэпылъхьэпIэм,
Хэт бэIутэIуншэу къигъэнэн.
Татьянэ йоплъ псалъащхьэ кIэщIым,
ЗэрыкIуэр хьэрфхэр хэти ещIэ:
Борэн, лъэмыж, мэз, мыщэ, псей,
Цыжьбанэ, шыкIэ, уд, уейпсей;
«Ухуейми еплъ, шэч лъэпкъ хэмылъу,
Къысхуэмыхъуну, сощI хьисэп,
Мартын Задека сэ сэбэп» -
Ар жиIэу, поплъэр къыпэщылъым.
Ихьащ гупсысэм жэщ зытхух,
ПщIыхьэпIэр и щхьэм ихужыху.

XXV

КъызэщIэнащ пщэдджыжь пшэкIэплъыр,
Уэс телъыр Iуащхьэхэм илащ,
И махуэм Таня, дызыпэплъэм,
Дыгъэпсу зызэщIиублащ.
Болъагъур Ларинхэ я унэм
Гъунэгъуу хъуар зэрыбынунэу;
Зэхуосыр жьыуэ хьэщIэ куэд,
ЩIэтщ Iэжьэ къэскIэ шы зэкъуэт.
Сенэм деж щытхэщ цIыхухэр Iуву,
ХьэщIэщым псалъэмакъыр инщ,   
ЦIыхубзхэр, зэIущIам, къиинщ,
БжэщхьэIум лIыхэр щытеувэм,
ЗэхуащIыр щхьэщэ, сабийр магъ,
Къелъыхъуэр зыпIми ар бжэкъуагъ.

XXVI

И гъусэу и щхьэгъусэ гъумыр
КъэсакIэщ Пустяков пшэр Iейр,
Гвоздин, мыкIуэду шхий, зыхъумэр,
Нэхъ пщылI тхьэмыщкIэу щыIэр зейр;
Скотинин зэлIзэфыз щхьэц тхъуахэр,
Я гъусэу бынхэр, балигъ хъуахэр,
Я бын сабийхэри къашащ;
Зыкърихыу, Петушков къэсащ;
Си анэ шыпхъурылъху Буянов
Щыгъщ натIэIулъу пыIэ щIыху
(Сэ сощIэр: фэри ар фоцIыху);
ИIащ, мис, къулыкъушхуэ Флянов,
Къэнащ бзэгузехьэу, пцIыупсыжьщ,
Ныбаблэщ, IулъхьэIых нэхъыжьщ.  

 XXVII

Къишащ унагъуэр Харликовэ
Панфилэ; къовэр, мыуцIыплъ
Мonsieur Трике, къикIар Тамбовым:
Нэгъуджэ Iулъщ, и щхьэцыр цыплъщ,
Бгъэ жып тетщ, сыт французщ, и джанэм,
Илъ тхыгъэр теухуащ Татьянэ;
Фэ фщIэм, зэдаIуэу сабий мин:
Rveillez vous, belle endormie,
Едзыгъуэр, тету тхылъыжь гуэрым,
ЗыщIыпIэ къуагъымкIэ къуэтам,
Трике зэгуэрым къигъуэтам,
Зы псалъэ ихъуэжащ уэр-сэру
Ди усакIуэшхуэм: belle Nina
Хэтащ, хитхащ - belle Tatiana.

XXVIII

Мес, я гъунэгъу къалэшхуэ гъунэм
КъикIащ дзэм щыщу командир,
ХабжакIэр анэхэм нэхъ хъунум,
Нэсам дэкIуэгъуэ - хуагъэпIийр;
КъыщIохьэр… дэгъуэщ хъыбарыщIэр!
“Полк музыкауэхэр, фымыщIэм,
Ди унафэщIым къригъэжьащ,
Бал тщIынущ!” ХьэщIэхэр гуфIащ,
Долъейр нэхъ хъыджэбз цIыкIухэр бланэу;
Абдежым шхын къахьын щIадзащ,
IэнэмкIэ кIуэхэм заугуэшащ:
Хъыджэбзхэм я гъунэгъущ Татьянэ,
ТIыса цIыхубзхэр зэбгъурысщ,
ЦIыхухъу цIыхубзым къыпэщысщ.

XXIX

Нэхъ хуэм мэхъу цIыху зэщIэвэр зэкIэ,
Шхэн щIадзэри, лъэныкъуэу хъуам
Тепщэчхэр яхьыр епIэщIэкIыу,
Абдж ягъэзууэ, щрагъэхъуам.
ТIэкIу дэкIри, хьэщIэхэм аргуэру,
МыувыIэу, щIадзэжащ уэршэру,
Зыр зым зэхихыркъым, мэкIий,
Хъуэхъуншэу бжьэхэр зэхуаший.
ЗэIокIыр бжэхэр. Ленскэр япэу
Болъагъу, Онегинри къыщытщ,
Макъ ин ещI анэм: «Сыту фIыт!»
МэкIуатэр хьэщIэхэр я гуапэу:
«Нэхъ псынщIэу шэнтхэр къэфхь, фытIыс»,
ЗдагъэтIысам ныбжьэгъухэр щысщ.

XXX

Щысщ, яхуэзанщIэу, мис, Татьянэ,
Нэхъ фагъуэу пщэдджыжь мазэм нэхъ,
Ирахужьа, флэгъуамэ, бланэ
Ар ещхьщи, и гур мэшэрэхъ.
И напIэхэр къыхуэмыIэту,
Плъыжь хъуащ, къыфIощIыр мафIэм хэту;
ЖаIар ныбжьэгъухэм зэхимых,
Нэпс къыщыфIэкIуэкIэ, йоплъых.
Хьэзырт тхьэмыщкIэр къэмэхыну,
ЗиIыгъырт, иIэти акъыл,
Къимыгъэлъагъуэуэ нэджыл,
ЛъэкIащ къыжраIэр зэхихыну,
ХузэфIэкIащ псалъитI жиIэн,
Бгъэдэсу Iэнэми къэнэн.

 XXXI

Гукъутэ, нэпс зыхэт къэхъукъащIэ,
Къэмэх пэта цIыхубз нэщхъейр,
Апхуэдэу илъагъуар мымащIэт,
Евгений артэкъым зыхуейр;
Абы нэмыщIкIэ, щIэкъииныр:
Илъагъурт ефэ-ешхэ иныр,
Емыщхьыр Ленскэм къыжриIам;
Хуэмейуэ нобэ зыхэхуам,
Щыст зимыплъыхьу, къэгубжьауэ:
«А къызэпщIар, еплъ, уэсщIэжынщ,
Сэ уэ укъэзгъэгубжьыжынщ»;
Мурад ар ищIри, теужауэ,
ЯхуищIырт гукIэ хьэщIэу хъуам,
Сурэт, ауан ар къыщыхъуам.

(КъыкIэлъыкIуэнущ).

 

ЗэзыдзэкIар Хьэмыз Русланщ.
Поделиться: