Курп Ищхъэрэм и тхыдэ жыжьэр«История аула князей Ахловых» фIэщыгъэм щIэту ДыщэкI Хъызыр тхыдэр зи лъабжьэ тхылъ гъэщIэгъуэн иджыблагъэ къыдигъэкIащ. «Принт Центр» типографием дунейм къыщытехьа тхылъ Iувым Алъхъо (Къаншыуей, Курп Ищхъэрэ) къуажэ дэс, дэса лIакъуэхэм ятеухуауэ дэфтэр хъумапIэхэм къыщигъуэта тхыгъэхэр, пасэрей сыныжьхэм къаIуэтэжхэр, лъэхъэнэ зэхуэмыдэхэм къуажэдэсхэм яIа псэукIэр, нобэрей гъащIэр къыщыгъэлъэгъуащ. Апхуэдэуи Хэку зауэшхуэм жылэдэсхэм къыщагъэлъэгъуа лIыгъэр, къэмылэнджыгъэр, къуажэм къыдэкIа цIыху цIэрыIуэхэр, нэгъуэщI куэдми ятеухуа тхыгъэхэм сурэтхэри дэщIыгъужу ущрихьэлIэнущ абы.
Поделиться:
Читать также:
02.05.2024 - 12:43 →
Джэш хъурейм яужь йохьэ
30.04.2024 - 12:00 →
Италием бзылъхугъэу исым дахагъэкIэ ефIэкI адыгэ анэт
30.04.2024 - 10:00 →
Интернет хабзэншагъэм зэгъусэу пэщIоувэ
30.04.2024 - 09:00 →
КхъухьлъатэхэмкIи зызэпащIэ
28.04.2024 - 13:01 →
Архитекторхэм я зэфIэкIхэр
|