Нобэ

УФ-м и ПВО-м и кхъухьлъатэдзэхэм я махуэщ
Нартыху гъэпIэнкIам и махуэщ. МафIэ гуащIэм тет шыуаным нартыху хьэдзэ зыбжанэ ибдзэмэ, уэс Iэтэм хуэдэу къызэрыбырыбым япэу гу лъатащ 1630 гъэм.
Польшэм щагъэлъапIэ адэшхуэм и махуэр
1517 гъэм Мысыр шэрджэс мамлюкхэмрэ тыркудзэмрэ Каир пэмыжыжьэу зэзэуэн щыщIадзащ.
1969 гъэм КПСС-м и ЦК-м и Секретарь нэхъыщхьэ Брежнев Леонид яукIыну хэтащ. Космосым щыIа «Союз-4», «Союз-5» кхъухьхэм исахэр Москва и Утыку Плъыжьым Iэтауэ къыщрагъэблэгъэжыным зыхуагъэхьэзырырт. А Iуэхум теухуа дауэдапщэм хэтынут къэралым и унафэщIри. Совет армэм и сержант нэхъыщIэ Ильин Виктор кIэра­хъуэкIэ еуащ Утыку Плъыжьым къихьэ, Брежневыр зэрысу игугъа автомашинэм. КъызэрыщIэкIамкIэ, абы исар космонавтхэрт - Терешковэр, Николаевыр, Береговойр, Леоновыр. Ауэ, насып яIэти, кIэрахъуэшэхэр абыхэми ялъэIэсакъым.
2005 гъэм Корее Ипщэм хамэ къэрал IуэхухэмкIэ и министр Ким Ке Гван хэIущIыIу ищIащ КНДР-м ядернэ Iэщэ зэриIэр.
1788 гъэм къалъхуащ инджылыз усакIуэ Байрон Джордж.
1904 гъэм къалъхуащ сабий тхакIуэ Гайдар Аркадий (и унэцIэ дыдэр Голиковщ).
♦1908 гъэм къалъхуащ совет физик, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, СССР-м ЩIэныгъэхэмкIэ и академием и академик, Нобель и саугъэтым и лауреат Ландау Лев.
1928 гъэм къалъхуащ урыс совет тхакIуэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, СССР-м и Къэрал саугъэтыр зрата Проскурин Пётр.
1935 гъэм къалъхуащ урысей актрисэ цIэрыIуэ, РСФСР-м и цIыхубэ артисткэ Талызинэ Валентинэ.
1937 гъэм къалъхуащ КъБКъУ-м и библиотекэм и унафэщIу щыта, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ УнащIэ Розэ.
1939 гъэм къалъхуащ совет дзэ къулыкъущIэ, армэм и генерал, урысей жылагъуэ лэжьакIуэ Моисеев Михаил.
1954 гъэм къалъхуащ урысей актёр, продюсер, нэтынхэр езыгъэкIуэкI, УФ-м и Къэрал саугъэтыр зрата Ярмольник Леонид.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Махуэм хуабэр градуси 2 - 5, жэщым щIыIэр градуси 5 - 4 щы­хъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Армур мэз кIуэмэ, арэфым жьитI гуэту къешэ.
Бжьын щIэгъуэм Iэпэ шынщ, бжьын шхыгъуэм жумэрэнщ.
Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.

                                           Мы махуэхэм

 

 ТхакIуэ ХьэхъупащIэ Хьэжбэчыр.                 ТхакIуэ, этнограф цIэрыIуэ  МафIэдз Сэрэбий.            

                          

                            

  ТхакIуэ цIэрыIуэ, адыгэ пхъурылъху Дангулов Саввэ.

                             

Тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор  БетIрожь Руслан.                 Полковник Джэтауэ Хьэмыщэ.

 

 

 

 

 

 

 

   

 

Поделиться:

Читать также:

18.03.2024 - 10:55 НОБЭ
15.03.2024 - 11:29 НОБЭ
14.03.2024 - 09:00 НОБЭ
13.03.2024 - 15:50 НОБЭ
12.03.2024 - 07:10 НОБЭ