Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым бжьыпэр щиIыгъщ гъуэгу ухуэнымрэ къалэхэр зэIузэпэщ щIынымкIэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Урысей Федерацэм и Правительствэм щIыналъэ зыужьыныгъэмкIэ и комиссэм и президиумым и зэIущIэу Урысейм и вице-премьер Хуснуллин Марат иригъэкIуэкIам. Зэхуэсым и гугъу щащIащ «ПсэупIэмрэ къалэ кIуэцIым и зэIузэпэщагъымрэ», «Шынагъуэншэ икIи фIагъ лъагэ зиIэ гъуэгухэр» лъэпкъ проектхэм щыубзыхуахэр щIыналъэхэм гъэзэщIа зэрыщыхъум.

Къэбэрдей-Балъкъэрым «ПсэупIэ» щIыналъэ проектым ипкъ иткIэ дызэрыт илъэсым псори зэхэту метр зэбгъузэнатIэ мин 5I3-рэ ятын хуейуэ къапэщытщ. Илъэсым зэрыщIидзэрэ метр зэбгъузэнатIэ мини I57-м щIигъу ятащ е илъэс кIуам и апхуэдэ лъэхъэнэм ирихьэлIэу яхузэфIэкIам и проценти 107,7-рэ.
«ПсэупIэ», «ЩIыналъэ, щIыпIэ гъуэгухэр» проектхэр зэгъусэу зэдагъэлэжьэкIэрэ, Къэбэрдей уэрамым и инженер сетхэр къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжын папщIэ КъБР-м и республикэ бюджетым къыхахащ сом мелуан 50,8-рэ. А лэжьыгъэхэр зэфIагъэкIын хуейщ а уэрамым и гъуэгухэр зэгъэпэщыжыным хуэгъэзауэ яубзыхуа лэжьыгъэхэм щIамыдзэ щIыкIэ. Гъуэгур зыхуей хуэгъэзэныр яухмэ, абы Iэмал къитынущ «Искож» хьэблэр псыкIэ ирикъуу къызэгъэпэщыным, ухуэныгъэхэр абы щегъэкIуэкIыным теухуа лэжьыгъэхэр зэуэ зэдрагъэкIуэкIыну.
КъБР-м «Иджырей къалэ кIуэцIым и теплъэр» и къэрал программэм ипкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым зыхуей щыхуагъэзащ цIыху зэхуэсыпIэу 24-рэ фэтэр куэду зэхэт унэхэм я пщIантIэу 42-рэ (илъэсым къриубыдэу зэфIагъэкIын хуеяхэу - цIыху зэхуэсыпIэу 34-мрэ пщIантIэу 89-мрэ ящыщу).
«Шынагъуэншэ икIи фIагъ лъагэ зиIэ гъуэгухэр» лъэпкъ проектым хыхьэ объекти II6-м ящыщу и пIалъэр къэмысу ятакIэщ 34-р. УФ-м и Правительствэм и гъэтIылъыгъэ фондым щыщу иджыри сом мелуан 200 хъу бюджет зэхуаку трансферт къыхуаутIыпщащ. А ахъшэр трагъэкIуэдэну я мурадщ уэрамхэм я гъуэгухэмрэ псоми зэхуэдэу къагъэсэбэп щIыналъэ автомобиль гъуэгухэмрэ зэгъэпэщыжыным.
ЩIыналъэ программэхэр зэрагъэзащIэм зэхуеплъыжа нэужь наIуэ къызэрыхъуамкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым ещанэ увыпIэр щиIыгъщ къалэхэр зэIузэпэщ щIынымкIэ, гъуэгухэр ухуэнымкIи нэхъыфIитхум хабжащ.
 «Псы къабзэ» проектым хыхьэу нобэм ирихьэлIэу муниципальнэ зэгурыIуэныгъэхэр нэсу зэращIылIащ, псори зэхэту сом мелуани 111,9-рэ текIуэдэну. Лэжьыгъэхэр йокIуэкI, ахэр щызэфIагъэкIын хуей пIалъэу 2021 гъэм и дыгъэгъазэ мазэр хуагъэуващ.
 

 

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
Поделиться: