КIуэкIуэ Казбек эфир занщIэкIэ цIыхухэм епсэлъэнущ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек бадзэуэгъуэм и 29-м эфир занщIэкIэ цIыхухэм епсэлъэнущ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм жэуап яритынущ республикэм щыщхэм я упщIэхэм.

Эфир занщIэм сыхьэт 12-м щIидзэнущ икIи ар къатынущ «Къэбэрдей-Балъкъэр» ГТРК, «Къэбэрдей-Балъкъэр» ВТК телеканалхэм, «Къэбэрдей-Балъкъэр» 99,5 FM радиом, апхуэдэуи КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек «Instagram», «ВКонтакте» социальнэ сетхэм щиIэ напэкIуэцIхэм.
УпщIэхэр канал куэд хъу 8 (8662) 40-90-07 телефон номерымкIэ тхын щIадзэнущ бадзэуэгъуэм и 21-м сыхьэти 9-м къыщыщIэдзауэ икIи эфир занщIэр бадзэуэгъумэ и 29-м иухыхукIэ екIуэкIынущ. Операторхэр сыхьэти 8-м щегъэжьауэ сыхьэт 20 пщIондэ лэжьэнущ, абы иужькIэ псалъэхэм я упщIэхэр къыIихынущ ахэр тхыным хуэщIа Iэмэпсымэм.
КъБР-м и Iэтащхьэм тхыгъэкIи видеокIи зыхуэбгъазэ хъунущ kokov-online@mail.ru электрон пощтымкIэ е «ВКонтакте» социальнэ социальнэ сетымкIи.
 

 

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
Поделиться: