Къабзагъэм хуагъасэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIалэгъуалэ стоматологие зэщIэхъееныгъэм мы гъэм и гъатхэпэ мазэм пищэжащ «Республикэ псор дзэм узэрыкIэлъыплъыным теухуауэ узэщIын» щIыналъэ проектым хэту кърихьэжьа Iуэхум. Абы и щхьэпагъыр къалъытэри, «Машук-2020» форумым къыщыхагъэщауэ щытащ. Лэжьыгъэр зи жэрдэмри абы и грантыр зыхуагъэфэщари Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым Стоматологиемрэ жьэ къупщхьэ-нэпкъпэпкъ хирургиемкIэ и институтым и аспирант, дохутыр-ортодонт Шэрэдж Аслъэнщ.
Проектыр хуэунэтIащ республикэм и сабийхэр, ныбжьыщIэхэр, щIалэгъуалэр жьэ кIуэцIым и къабзагъэм нэгъэсауэ кIэлъыплъыфу егъэсэным, дзэ узыфэхэм зыщахъумэн папщIэ зыхуеину санитар-гигиенэ хабзэр егъэщIэным. Абы и лъэныкъуэкIэ республикэм и социально-егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэм щызэхаша зэIущIэхэр Урысейм и стоматологхэм я ассоциацэр я дэIэпыкъуэгъуу ирагъэкIуэкI «Ослепительная улыбка на всю жизнь» дунейпсо программэми хыхьэу къызэрагъэпэщащ. Iуэхум жыджэру хэтщ Республикэ стоматологие центрым и дохутырхэр.
КъБКъУ-м Стоматологиемрэ жьэ къупщхьэ-нэпкъпэпкъ хирургиемкIэ и институтым и егъэджакIуэхэр, ординаторхэр, студентхэр, Республикэ стоматологие центрым и дохутырхэр зыхэт IэщIагъэлI гупым республикэм и егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэм щрагъэкIуэкIащ дзэ узыфэхэм зэрызащыпхъумэным, жьэ кIуэцIым узэрыкIэлъыплъыным теухуа зэIущIэ гъэщIэгъуэнхэр. Абыхэм щагъэлъэгъуащ зи гугъу ящIым теухуа мультфильмхэр, щрагъэкIуэкIащ дзэм, жьэ кIуэцIым и къабзагъэм узыншагъэмкIэ иIэ мыхьэнэм теухуа сыхьэтхэр, удэзыхьэхт джэгукIэ жыпхъэм иту къызэрагъэпэща дерсхэри.
Проектым щIэупщIэ иIэщ, абы и щыхьэтщ апхуэдэ зэхыхьэхэр я деж щрагъэкIуэкIыну IуэхущIапIэ куэдым лъэIукIэ зэрызыкъыхуагъэзар. Абы ипкъ иткIэ, гъэ еджэгъуэщIэм щIидзэжмэ, Iуэху щхьэпэм къыпащэнущ.

ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэ.
Поделиться: