КIуэкIуэ Казбек эфир занщIэкIэ цIыхухэм щепсэлъэнур шыщхьэуIум и 3-рщ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек инстаграмым щиIэ напэкIуэцIымкIэ бадзэуэгъуэм и 27-м цIыхухэм захуигъэзащ икIи яжриIащ и эфир занщIэр бадзэуэгъуэм и 29-м и пIэкIэ шыщхьэуIум и 3-м зэрагъэIэпхъуар.

«Ныбжьэгъу лъапIэхэ! «Эфир занщIэм» къысхуагъэхь упщIэхэм хохъуэ. Махуэ къэс абыхэм сыхоплъэ, зыкъызэрысхуагъэза лъэIу куэдым елэжьын щIэддзакIэщ. Ахэр Iуэху зэмылIэужьыгъуэхэм ятеухуащ: узыншагъэр хъумэнымрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмрэ, псырэ газкIэ къызэгъэпэщыным, транспортымрэ гъуэгухэмрэ. Жэуап зэтыгъуей упщIэхэри яхэтщ абыхэм, къытхуэшхыдэхэри щыIэщ, псалъэ гуапэ къытхужызыIэхэри, ди Iуэхухэр къыддэзыIыгъхэри мащIэкъым. Псоми фIыщIэ яхузощI апхуэдэу гулъытэ хуащIу Iуэхум къызэрыхыхьам папщIэ.
Абы къыдэкIуэуи хъыбар фэзгъэщIэн хуейщ бадзэуэгъуэм и 29-м сэ ди республикэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ къэрал зэIущIэм сыхэтын зэрыхуеймкIэ. Абы къыхэкIыу къыхызолъхьэ ди эфир занщIэ зэIущIэр дызыхуэкIуэ гъубжым – шыщхьэуIум и 3-м - дгъэIэпхъуэну. Абыи фIы хэлъщ – зыкъысхуэзыгъэзэну хуейхэм я бжыгъэр куэд мэхъури, цIыхухэм я упщIэ нэхъыбэ ятхыну Iэмал ягъуэтынущ, абы ипкъ иткIи Iуэху нэхъыбэм дытепсэлъыхьыфынущ», - щыжеIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм республикэм щыпсэухэм яхуэгъэза и псалъэм.
«Зыкъызэрысхуэвгъазэхэр, упщIэхэр канал куэд хъу 8 (8662) 40-90-07 телефон номерымкIэ евгъэтх хъунущ. Тхыгъэхэр е видеохэр kokov-online@mail.ru электрон пощтымкIэ е «ВКонтакте» социальнэ социальнэ сетым щызиIэ напэкIуэцIым къифлъхьэ хъунущ», - ягу къигъэкIыжащ КIуэкIуэ Казбек.
 

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
Поделиться: