Дэнэ зыщыбгъэпсэху хъуну?

Зыгъэпсэхугъуэ-2021

ШыщхьэуIум щыщIэдзауэ Краснодар крайм ковидым зэрыпэщIэт мардэщIэхэр щаубзыхуащ. Абы къакIуэхэр иджы хьэщIэщым, санаторэм щIэтIысхьэн папщIэ яIыгъын хуейщ вакцинэ зэращIамкIэ сертификат, е ипэ махуэм ята ПЦР-тест, е коронавирус къызэреузрэ куэд зэрыдэмыкIам щыхьэт техъуэ справкэ. Иджыри зы хэкIыпIэ къагупсысащ край унафэщIхэм. ЗыгъэпсэхуакIуэ ущыкIуа япэ махуищым а щIыпIэм мастэ щызэхебгъалъхьэми хъунущ.

Иджы щIыналъэм и турист IэнатIэм и лэжьакIуэхэр мэгузавэ ар я бизнесым зэран хуэхъункIэ. Сыту жыпIэмэ, апхуэдэ жыпхъэхэр Урысейм и адрей хэгъэгухэм щыIэ зыгъэпсэхупIэхэм щагъэувакъыми, цIыхур нэхъ тыншу зэкIуэлIэну щIыпIэр нэхъ къищтэнущ.

Турист компаниехэм щылажьэхэм зэрыжаIэмкIэ, нобэкIэ щIэупщIэ нэхъыбэ зиIэр Абхъазымрэ Албаниемрэщ. Мис абыхэм ПЦР-тести вакцинэ зэрыпщIам щыхьэт техъуэ тхылъи къыппаубыдыркъым. Албаным и зыгъэпсэхупIэхэр зыхуей зэрыхуигъазэрэ куэд щIакъым. 2019 гъэм урысей туристхэр куэду кIуэ хъуащ, Москва - Тиранэ кхъухьлъатэр къытрагъэува нэужь. Абы зы цIыхум зы тхьэмахуэкIэ зыщигъэпсэхуным сом мин 43-рэ токIуадэ. Тиранэ унэзыхьэс кхъухьлъатэр Москва, Самарэ, Екатеринбург толъэтыкI.

Зыщыбгъэпсэхуну тIэкIу нэхъ лъапIэщ Мысырыр. Псалъэм папщIэ вагъуиплI зиIэ хьэщIэщым зы тхьэмахуэкIэ цIыхуитI щIэсыным сом мини 107-рэ ихьынущ. Апхуэдэуи ПЦР-тест къыппэзымубыд къэралхэм ящыщщ Мексикэр. Абы шыщхьэуIум цIыхуитIым зыщыбгъэпсэхуным сом мини 161,3-рэ ехь. Черногориемрэ Доминиканская Республикэмрэ уихьэн папщIи тхылъ щхьэхуэ ухуейкъым, ауэ абы кIуэуэ Урысейм занщIэу илъэтыкI кхъухьлъатэ щыIэкъым.

НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэ.
Поделиться: